ЩIыпIэ псоми щекIуэкIащ нэщхъеягъуэ зэхыхьэхэр

Балъкъэрхэм политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ илъэс 80 зэрырикъуам ехьэлIа Iуэхугъуэхэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

1944 - 1957 гъэхэм политикэ зэхэзехуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр ­трилъхьащ Iэтащхьэм, абдеж щыт музей-мемориалми щIыхьащ.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, ­УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, федеральнэ, щIыналъэ къулыкъущIэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. 
Апхуэдэ нэщхъеягъуэ зэхыхьэхэр щекIуэ­кIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и район, къалэ псоми.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.