«Пэжыращ къару зиIэр»

Налшык и гъущI гъуэгу станцым деж гъатхэпэм и 9-м къыщрагъэблэгъащ ­УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и мафIэгур. 

А Iуэхум хэтащ республикэм и унафэщIхэр, щIалэ­гъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIахэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­псэухэр. 
Зэхыхьэр езыгъэкIуэкIа Мизиев Iэубэчыр кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ «Налшык зауэлI щIыхьым и къалэщ» щIыхьыцIэр 2010 гъэм къалэм къыщIыхуагъэфэщам и щхьэусыгъуэр. Къэралым и щIыналъэ куэдым хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зауэлIхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэуапIэм Iутащ, тылым щылэжьащ, къэ­мыланджэжу я щIыналъэр яхъумэжащ. Республикэм и зауэлI мин 12-м щIигъум къэрал дамыгъэхэр къыхуа­гъэфэщащ, Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм папщIэ. «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр республикэм и зауэлI 33-м къыфIащащ.
«Пэжыращ къару зиIэр» къыхуеджэныгъэм щIэт мафIэгум и вагонибгъум къыщызэрагъэпэща музей пэшхэм я гъэлъэгъуэныгъэ­хэр теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ. БгъэIэпхъуэ хъу выставкэм щыболъагъу тхыдэ дэфтэрхэр, тхылъхэр, хьэпшыпхэр, бийм зэрыпэщIэт Iэщэхэр, ­Хэку зауэшхуэмрэ дзэ Iуэху хэхамрэ я лIыхъужьхэм хуа­гъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр. КъищынэмыщIауэ, мыбде­жым щагъэлъэгъуащ уIэгъэ хъуам узэрыдэIэпыкъуфыну щIы­кIэмрэ дзэ Iуэху хэхам щы­Iэхэм яхуэщхьэпэну хьэп­шып­хэр зэрыбгъэхьэзырынумрэ теухуа дерсхэр. Гупыж зыщIхэм дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм письмо хуатхащ, зэхыхьэм хэт зауэлIхэм я гъу­сэу сурэтхэр зытрагъэхащ. НыбжьыщIэхэм Iэмал яIащ автоматхэмрэ парашютхэмрэ зэрызэпкъралъхьэм, зэрызэ­кIуэцIалъхьэм кIэлъыплъыну. Зэхыхьэм къекIуэлIахэм я ­нэгу зригъэужьащ дзэ часть 31681-м и духовой оркестрым. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм хэтхэр еплъащ дзэ корреспондент Аносов Владимир и «Донбасс-2023» выставкэм.
УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я ныбжькIэ къы­хэкIыжа офицерхэм я Лъэпкъ зэгухьэныгъэм и «Мегапир» IуэхущIапIэм и унафэщI Атаев Жашарбек и псалъэм къыхигъэщащ «Пэжыращ къару зиIэр» Iуэхур къыщIыхалъхьар Урысейм и тхыдэ напэкIуэцIхэр къратхыкIыжыну, зэхъуэкIыныгъэхэр хэ­зылъ­хьэну иужь итхэм пэ­щIэ­тыныр зэрыарар. 
- IэщэкIэ зэщIэузэда ди зауэлIхэм я къалэныр къы­зы­хуэтыншэу ягъэзэщIащ, дунейр фашизмым кърагъэ­лащ, ауэ щытыкIэм зихъуэж­ри фашизмым и щхьэ къиIэт хъуащ. Дуней псор къапщтэмэ, Урысейм и закъуэщ абы пэщIэтыр. Дзэ Iуэху хэхам хыхьэу зыхуагъэувыжа къалэнхэр ягъэзэщIэнущ. Аращ зытеухуар мафIэгум щагъэува выставкэр. Ди щIалэгъуалэм ар къагурыIуэну дащогугъ! - жиIащ Атаев ­Жашарбек. 
«Пэжыращ къару зиIэр» Iуэхумрэ эшелонымрэ я унафэщI, генерал-майор Цаплюк Александр къыхигъэщащ, зэраубзыхуам тету, ЗауэлI щIыхьым и къалэ - Налшык деж я мафIэгур къы­зэрыщыувыIар, выставкэм еплъхэм пэжыгъэр ди къару къигъэхъуапIэу зэрыщытыр наIуэ зэращищIынур. Абы жиIащ «Пэжыращ къару зиIэр» къыхуеджэныгъэм щIэт Iуэхур УФ-м Зы­хъу­мэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей и унафэкIэ 2024 гъэм мазаем и 23-м щыщIэдзауэ накъыгъэм и 9 пщIондэ зэрекIуэкIынур. 
УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI «За помощь и милосердие» медалхэр зыхуа­гъэфэщахэм щратыжащ перроным деж. Абыхэм яхэтщ дзэ Iуэху хэхам хэлъхьэныгъэ хуэзыщI жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ, цIыху щхьэ­хуэ­хэр. Къищынэ­мыщIауэ, «Юн­армия» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм хагъэхьащ ныбжьыщIэ 20. ТхьэрыIуэ ирагъэта нэужь, ахэр зауэм и ветеранхэм яIущIащ.
Мазаем и 23-м Москва деж къыщежьа мафIэгур гъущI гъуэгу станц 75-м, УФ-м и щIыналъэ 67-м къыщыувыIэнущ. ТекIуэныгъэ Иным и пэ къихуэу, ди къалащхьэм Белоруссием и гъущI гъуэгу вокзалым накъыгъэм и 8-м щызэхуащIыжынущ ар. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.