КЪИКIУЭТ ЯМЫIЭУ

Дагъыстэным и Каспийск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэхьэзэхуэ. Ар хуэунэтIауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным икIи абы щызэпеуащ илъэс 18 - 20 зи ныбжь щIалэхэмрэ нэхъ балигъхэмрэ.

ЩIалэгъуалэм я деж щызауэ Бырс Аскэр килограмм 52-рэ зи хьэлъагъ гупым ещанэ щыхъуащ. ЩIалэм и тренерыр Джырандокъуэ Амирщ.

Килограмм 70 хъухэр зыхэт гупым щызауэ Батыр Къантемыр балигъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ. Ар зыгъасэр Хьэщыкъуей Артурщ.

Мыдрейуэ КъБР-м ММА-м и СБЕ-м и Федерацэм и тхьэмадэ ПщыукI Залым къызэрыджиIамкIэ, Каспийск щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм псори зэхэту ди командэм япэ увыпIэу 5, етIуанэу 6, ещанэу 13 къыщахьащ.

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI