ЩIЫНАЛЪЭМ ЩЫПЭРЫТЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм псоми зэхэту кIэртIофу къыщрахьэлIэжам и процент 50-р Дзэлыкъуэ щIыналъэм къылъос: нэгъабэ, зэкIэ къызэрабжамкIэ, тонн мин 77-рэ абы къыщатIыжащ.

Иужьрей илъэситхум кIэртIофым и бэвагъым къыхэхъуэ зэпыту екIуэкIащ икIи, а пIалъэм къриубыдэу, хуэдэ 1,8-кIэ абы хагъэхъуащ.

Илъэс блэкIам зы гектарым ику иту центнер 233,8-рэ къытрахащ, республикэм ику иту къыщрахьэлIэжам нэхърэ ар проценти 9,5-кIэ нэхъыбэщ.

Дзэлыкъуэ щIыналъэм къыщагъэкI кIэртIофыр крахмалкIэ, цIыхум и узыншагъэмкIэ щхьэпэ пкъыгъуэхэмкIэ бейщ. Абы нэмыщI, ахэр бгы лъапэхэм къызэрыщагъэкIым и фIыгъэкIэ щIыгъэпшэр IэрыщIу кIэщIалъхьэр нэхъ мащIэщ.

Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, Дзэлыкъуэ куейм и кIэртIоф фIагъ лъагэ зиIэр республикэм имызакъуэу, къэралым и щIыналъэ куэдым къыщацIыху икIи щIэупщIэ иIэщ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Едыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI