КъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир ФедерацэмкIэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыхэща къалэнхэр зэрагъэзэщIэнум теухуауэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу Къуныжь Му-Iэед, Хъубий Марат, Къуэшрокъуэ Залым, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ.
КIуэкIуэ Казбек унафэ зэрищIам тету, Правительствэр иужь ихьащ Президентым къыхилъхьа жэрдэмхэр я лъабжьэу Iуэхухэр убзыхуным, ахэр мы илъэсым къриубыдэу зэхалъхьэу лъэпкъ проектхэмрэ программэхэмрэ наIуэ къащIыным. Псалъэм папщIэ, «ГъащIэ кIыхь икIи узыншэ», «Унагъуэ», «Урысейм и щIалэгъуалэ», «IэщIагъэлIхэр», «Экономикэ» лъэпкъ проектхэр, программэ зэмылIэу-жьыгъуэхэр ягъэхьэзырыныр, абы хохьэ сабий гъэсапIэхэр, еджапIэхэр, сымаджэщхэр, школхэр, нэгъуэщIхэри.
Ди Iэтащхьэм къыхигъэщащ Президентым ахъшэ щIыхуэхэм щыщ щIыналъэхэм яхуэгъэгъун хуейуэ къызэрыхилъхьам дэри ди фейдэ зэрыхэлъыр, апхуэдэ ахъшэр ухуэныгъэхэм ягъакIуэ зэрыхъунур. «Дэ апхуэдэ щIыхуэу сом меларди 4 ттелъщи, ар псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм тедгъэкIуадэ хъунущ», - жиIащ Iэтащхьэм.
- Урысейм и адрей хэгъэгухэми ещхьу, ди щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Псы къабзэ» федеральнэ проектым зэрыпащэнум. А проектымкIэ илъэс кIуам республикэм и къуажи 10 псыкIэ къызэдгъэпэщащ, бжьамийхэр тхъуэжащ, псызэхуэхьэсыпIэхэр тщIащ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ бынунагъуэшхуэхэмрэ СВО-м хэтхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъуну щIыкIэхэм. «Президентым и Зэрызыхуагъазэр тхыдэм къыхэнэну, мыхьэнэшхуэ зиIэ, къалэн куэд щыубзыхуа дэфтэрщ. КъэкIуэнур щынэрылъагъущ», - жиIащ Iэтащхьэм. Абы Правительствэм хэтхэм яхуигъэуващ къэрал УнафэщIым щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм ягъэзэщIэн хуейуэ къигъэлъэгъуахэр зэпкърахыу, программэ зэхалъхьэну.