БАХЪСЭН ЩIЫНАЛЪЭ ЗЭПЕУЭМ

Бахъсэн щIыналъэм щыщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ илъэси 8 - 14 зи ныбжь хъыджэбз, щIалэ цIыкIухэр.

Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыдащ Къубэ-Тэбэ къуажэм къикIа спортсменхэм. ЕтIуанэ хъуащ Бахъсэнёнкэ жылэм щыщ тхэквондистхэр. Ещанэ увыпIэр ялъысащ Къулъкъужын Ищхъэрэм и командэм. 
Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ Къулъкъужын Ищхъэрэм и курыт еджапIэ №1-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ТхэквондомкIэ и федерацэмрэ. 
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэр Бахъсэн щIыналъэм и командэм хэту республикэ зэхьэзэхуэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал ягъуэтащ. 
 

 

ТАМОКЪУЭ Едыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.