IЭМАЛЫЩIЭХЭР КЪАГУПСЫС

Дуней псом я щIэныгъэлIхэм иджыпсту куууэ ядж цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнымрэ гъащIэ кIыхь яIэнымрэ зэлъыта щэхухэр.
Иджырей цIыхум и гъащIэр пIейтеиныгъэхэмкIэ гъэнщIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы къыдокIуэ жейм емызэгъыныр, тэмакъкIэщIыгъэр, губжьыр. Узыншагъэр къызэпауд фадэм, тутыным, щыс зэпытым, фIагърэ къабзагъэрэ зыбгъэдэмылъ ерыскъыхэкIхэм - а псоми цIыхур щыгъуазэ хуэдэщ, атIэ абыхэм сыт щIэуэ къахэхъуа иужьрей илъэсхэм?
А Iуэхум телажьэхэм къызэрахутамкIэ, цIыхум и узыншагъэмрэ къигъэщIэну илъэс бжыгъэмрэ генетикэм процент 25-кIэ, езыхэм я зэгугъужыкIэмрэ дохутырхэм я зэфIэкIымрэ адрей 75-кIэ елъытащ. ЕтIуанэм и лъэныкъуэкIэ минипщI бжыгъэкIэ къагупсысащ жьыгъэр къызэтезыгъэувыIэ геропротекторхэр. ЩIэныгъэлIхэр иджыпсту куэдкIэ щогугъ «пептид», «терпен» пкъыгъуэщIэхэм. «Терпен» - мкIэ къулейщ пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр, сырагъ зыщIэлъ къэкIыгъэхэр, ауэ а пкъыгъуэ сэбэпыр псом нэхърэ нэхъыбэу яхэлъщ уэздыгъей лIэужьыгъуэхэм. Къапщтэмэ, Сыбыр пихтэм апхуэдэу хэлъыр 300-м нос икIи абыхэм я фIыгъэкIэ жыгхэр полъэщ дунеймрэ щIыуэпсымрэ ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм, къымыдэкIэ, а жыгхэм ныбжьышхуи яIэщ. Псалъэм папщIэ, США - м и Калифорние штатым къыщокI илъэс 4800-м нэса «Мафусани» уэздыгъейр.
ДызэрыщагъэгъуэзамкIэ, терпеныр щIыIэ узхэмкIэ сэбэпщ, ДНК-р сэкъатхэм щехъумэ, лъыр фIыуэ егъэлажьэ, къэкIыгъэхэм ямызакъуэу, цIыкIухэмрэ псэущхьэхэмрэ я клеткэхэри зэрихъумэфынум шэч къытрахьэркъым.
Уэздыгъей мэзым сыхьэтитIкIэ къыщызыкIухьхэм я иммунэ клеткэхэм я бжыгъэм процент 40-кIэ хегъахъуэ, ахэр куэду къыщыкI щIыпIэхэм махуитI щызыгъакIуэхэм мазэ псокIэ къезыхьэкIын къыхах.
Китайм и щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ хэIущIыIу ящIащ цIыхур жьы хъуныр лъынтхуэхэм къызэрыщежьэр. Ахэр кIуэ пэтми нэхъ быдэ, нэхъ куда мэхъу, Iэпкълъэпкъым щызекIуэн хуей лъымрэ абы хэту къыIэрыхьэ хьэуамрэ зэтриIыгъэрэ, нэгъуэщI узыфэхэми къежьапIэ яхуэхъуу.
- Абдежым къыщыщIедзэ лъы дэуейм, фошыгъу узым н. къ. А лъынтхуэхэр IэтIэлъатIэ зыщI «терпен»-м жьыгъэри къызэтрегъэувыIэ, - жаIэ абыхэм.
Жьыгъэр IузыгъэкIуэтхэм ящыщ зыуэ абыхэм къагъэлъагъуэ цIыхур зэфэ псыр. Ар къабзэу щытын хуейщ икIи абы и къалэныр ягъэзащIэркъым шейм, кофем, псыIэфIхэкIхэм. Куэдым ящIэ цIыхум махуэм хуэзэу зы литрэрэ ныкъуэрэ псыуэ ирифын зэрыхуейр.
Америкэм и щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, псыр къызэмэщIэкI Iэпкълъэпкъым натрийм бжьыпэр щеубыд. Абы и ионхэр узыншагъэмкIэ зэранщ - нэхъ пасэу жьы ещI. Ахэр клеткэхэм нэхъыбэу хэтыху, лъым и зэпцIыкIэ мардэр зэтреху, ДНК-м сэкъат егъуэт, белокыр егъэфIэIу, хуримыкъу псыр абы къыхихын папщIэ. А псоми цIыхум и къаруушхуэ токIуадэ. 
КъэхутакIуэхэм шэч къытрахьэркъым, IэмалыщIэ къэунэхуахэм я фIыгъэкIэ, цIыхухэр илъэсищэ ныбжьым фIыуэ зэрыщхьэдэхыфынум.
Шэрэдж Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.