МЭШЫКЪУЭ И ЩЭХУХЭР

Псыхуабэ къалэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщытщ Iуащхьэ дахэшхуэ, МэшыкъуэкIэ зэджэр. Абы метр 993,7-рэ и лъагагъщ, къызэрахутамкIи, а щIыпIэм деж лъэхъэнэ жыжьэм къэбэкъауэ къыщикIыну къеIэурэ, Iуащхьэр къыдрихуеяуэ аращ. НобэкIэ Мэшыкъуэ зыгъэпсэхупIэ, узыншагъэр щызэтрагъэувэж, нэгузыужь IуэхущIапIэ куэд тращIыхьами, нэхъапэIуэкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ, тхыдэшхуи и щIыбагъ къыдэлъщ.
Iуащхьэм Мэшыкъуэ цIэр щIыфIащам тхыдэ зыбжанэ иIэщ. Я нэгу зрагъэужьыну Кавказым къакIуэхэм хуаIуатэ хъыбарым тепщIыхьмэ, Мэшыкъуэ и цIэу пщащэ тхьэIухуд псэуащ, фIыщэу илъэгъуа Тау щауэр Iуащхьэмахуэ зэрыIэщIэкIуэдам тепыхьэу. Абы и фэеплъу Iуащхьэм пщащэм и цIэр къыхуэнащ. НэгъуэщI хъыбаркIэ, адыгэхэм Iуащхьэр зыдэт къуэм мэш щащIэу щытащ, хугу щыхасэу, абы папщIэ Мэшыкъуэ фIащащ. А къуэм дэсу щыта унагъуэхэми Iуащхьэм и цIэр унагъуэцIэу къащтэжауэ. Тхыдэр нэхъ куууIуэу зыджхэм жаIэ нэрыбгейхэр Кавказым щыщыпсэуа лъэхъэнэм Мэшыкъуэм Уд IуащхьэкIэ еджэу, илъэсым зэ абдеж щызэхуэсрэ зэпеуэшхуэхэр щрагъэкIуэкIыу щытауэ. 
Дауэ мыхъуами, Мэшыкъуэр а щIыпIэм деж къыщыунэхун щыщIидзагъащIэм, щIы лъабжьэм куууэ щызекIуэ къэкъуалъэр къызэпхивым тежыхьыжурэ къэхъуа Iуащхьэщ, абы и джабэхэм щIы трищIэу, удз къытекIэжами. Уеблэмэ иджыри къэс мыупщIыIужауэ хуэзыгъэфащэ щIэныгъэлIхэри щыIэщ. 
Мэшыкъуэ и щхьэфэм телъ зэгуэтхъыпIэхэм хэжыхьауэ къыщагъуэтыж пасэрей зэманым Псыхуабэ и Iэхэлъахэм щыкIыу щыта жыгхэм, удзхэм я лъэужь, пылым, щыхьым, бланэм я къупщхьэхэр. 
Iуащхьэм и ипщэ джабэм кумбышхуэ иIэщ, бгъуэнщIагъым ехыу. А бгъунщIагъым и щIэм гуэл итщ, Мэшыкъуэ къыщыунэхуа лъэхъэнэм щIым къыщIэжурэ инауэ. ЗэрыжаIэмкIэ, а псыр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэщ. Уеблэмэ 1837 гъэм зыгъэпскIыпIэхэр къызэрагъэпэщри, цIыхухэр абы ехыурэ гуэлым хэсу щытащ. 
НобэкIэ Мэшыкъуэ къэрал археологием и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыуэпс фэеплъщ. Абы къыхэкIыу экологхэм жаIэ зэпымычу Iуащхьэм тращIыхь нэгузыужь ухуэныгъэхэр абы къыщIэж псым зэран зэрыхуэхъур. Тхылъ Плъыжьым иратха къэкIыгъэхэр, псэущхьэхэр, бзу лIэужьыгъуэхэр зэи пхузэтемыгъэувэжыну кIуэдыжыгъуэ ихуащ. Абы и закъуэкъым, езы Iуащхьэм и теплъэми зехъуэж. КъищынэмыщIауэ, Мэшыкъуэ Iыхьэ-Iыхьэу зэпаудурэ, щIыр зэращэр хабзэм къезэгърэ къемызэгърэ кIэлъыплъыпхъэщ. 
Апхуэдэу, 2011 гъэм и фокIадэ мазэм экологхэм Псыхуабэ къалэм и унафэщIхэм зэрызэхуагъазэ тхыгъэ ягъэхьэзырауэ щытащ, цIыхуи 100-м я Iэ щIэлъу. Абыхэм властыр къыхураджэрт Мэшыкъуэ щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр икIэщIыпIэкIэ щагъэтыну. Нэмыплъ къыщыхуащIым цIыху 600-м я Iэ зыщIэлъ тхыгъэ прокуратурэм ирагъэхьащ, а Iуэхур Ставрополь экологхэми къыдаIыгъащ. ЦIыхубэр абдежи къыщыувыIакъым, ахэр къалэ администрацэм и бжэIупэм деж щэ бжыгъэкIэ щызэхуэсырт, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр кърашалIэрт. Уеблэмэ Путиным Медведевым, Хлопониным деж тхащ. ИкIэм-икIэжым, 2012 гъэм мазаем и 20-м Псыхуабэ къалэм и прокуратурэм и унафэкIэ къызэтрагъэувыIауэ щытащ Мэшыкъуэ тращIыхь пансионатым и ухуэныгъэхэр, абы щыгъуэ къыщIагъэщат Урысейм къалэ ухуэнымкIэ и кодексым къигъэув хабзэхэр къалэ администрацэр зэребэкъуар. 
ЩIыуэпсым и закъуэ мыхъуу, тхыдэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуащхьэщ Мэшыкъуэ. Пасэрей зэманым мы щIыпIэхэм щыпсэуа лъэпкъыжьхэм япщхэр щыщIалъхьэжауэ, кхъэлэгъунэ бжыгъэншэхэмрэ Iуащхьэ цIыкIухэмрэ щыкуэдщ. Апхуэдэу, 19 лIэщIыгъуэм къатIэщIауэ щыта кхъэлэгъунэхэм къыщIахащ хьэдэ къупщхьэхэр, Iэщэхэр, кхъуэщыным къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэр. Ахэр нобэми щIэлъщ Псыхуабэ, Ставрополь, Москва, Санкт-Петербург я лъахэхутэ музейхэм. 
Шэч хэмылъу, ухуэныгъэу тращIыхьахэр техыжауэ, щIыуэпсым и хъумакIуэхэм я нэIэ щIэту, хуэсакъыпэу джын хуей щIыпIэхэм ящыщщ Мэшыкъуэ. Хэт ищIэрэ, ди тхыдэр нэхъри къэзыгъэбэтэн щIэщыгъуэ гуэрхэр къыщIахыжынри хэлъщ. 
Сурэтыр Арестов Андрей трихащ. 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.10.2024 - 09:17

ФIым я фIыжхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIа, зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм щIыхьыцIэхэмрэ къэрал дамыгъэ лъапIэхэмрэ яритыжащ Къэбэрдей-

03.10.2024 - 09:15

IэпщIэлъапщIагъэм драгъэхьэхыж

ШыщхьэуIум и 29-м «КьБР-м­ и муниципальнэ щIы­на­лъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм ­(КъБР-м и ­АСМО) и прав­ленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим я зи чэзу зэIущIэр ­КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ.

03.10.2024 - 09:13

Куэд зыщIэ куэд хузэфIокI

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык дэтым зэIущIэ гуа­пэ щекIуэкIащ.

03.10.2024 - 09:12

Каринэ и медаль

Урысей Федерацэм и еджа­кIуэхэм дзюдомкIэ я 7-нэ Гъэмахуэ спартакиадэу иджыблагъэ Армавир къалэм щекIуэкIам и иужьрей махуэм Хъуран Каринэ Къэ­бэрдей-Балъкърым иджы­ри зы медаль къыхуихьащ.

02.10.2024 - 17:04

Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум

Къэбэрдей-Балъкъэрым тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ укъыщыхуэплъэкIэ, аранэхэм (къуршыщхьэхэм) кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, Хъу