Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 79-рэ, «Налшык зауэлI щIыхьым и къалэщ» щIыхьыцIэр къалэм къызэрыфIащрэ илъэс 14 зэрырикъумрэ. Налшык къалэм Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмкIэ и жылагъуэ зэгухьэныгъэм и ветеранхэм, музеймрэ къалэм егъэджэныгъэмкIэ и Департаментымрэ и дэIэпыкъуэгъуу.
Гъэлъэгъуэныгъэм Налшык къалэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэм ящIа сурэти 100-м щIигъу хагъэхьащ. Ахэр теухуащ ветеранхэм зэраIущIам, ТекIуэныгъэ Иныр, лIыхъужьхэр зэрагъэлъапIэм.
Ветеранхэм я къалэ Советым и унафэщI Абдулаев Мустэфа выставкэр къыщызэIуихым зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм фашизмым текIуэным хуащIа хэлъхьэныгъэхэр. Абы жиIащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, я узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу, ТекIуэныгъэ Иным иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм зэрыхэмытыр игу къызэреуэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу ягъэуващ Налшык къалэм «ЗауэлI щIыхьым и къалэ» щIыхьыцIэр къызэрыфIащам и тхыдэм теухуа стенд. СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэри къыщыгъэлъэгъуащ абы. Хэку зауэшхуэм теухуа плIанэпэхэмрэ пэшхэмрэ щыIэщ республикэм и курыт еджапIэхэм.
- НыбжьыщIэхэ, Хэкум и хъумакIуэ лIыхъужьхэр ди щапхъэщ. Ар ди нэхъыжьыфIхэмрэ дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ къыщызыгъэлъагъуэ щIалэгъуалэмрэщ. Абыхэм фахуэфащэу щытын хуейщ, - жиIащ къалэм и егъэджэныгъэмкIэ и Департаментым и лIыкIуэ Тхьэгъэпсэу Светланэ.
Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс и псалъэм къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэ зэманым Налшык къалэмрэ абы щыпсэухэмрэ зэрахьа лIыгъэр къызэрыIуэтэжыгъуейр. Къалэм и цIыху куэд Хэку зауэшхуэм и фронтым щыIащ, зауэлI куэдым я узыншагъэр зэфIагъэувэжащ, къалэ-зыгъэпсэхупIэм сымаджэщхэр къызэрыщызэIуахам и фIыгъэкIэ. Накуэ Феликс фIыщIэ хуищIащ Абдулаев Мустэфа, тхыдэм и пэжыр щIэблэм ящымыгъупщэным хэлъхьэныгъэф1 зэрыхуищIым папщIэ.
Выставкэм къыщыпсэлъащ «Мегапир» лъэпкъ зэгухьэныгъэм и унафэщI Атаев Жашарбэч, тхакIуэ, тхыдэтх, журналист Опрышкэ Олег, нэгъуэщIхэри.
Зэпеуэм щытекIуахэм я цIэр накъыгъэм и 12-м музейм къыщагъэнэIуэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.