IЭЩIАГЪЭМ НЭХЪЫФIУ ЕЗЫГЪАСЭХЭР

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы махуэхэм щекIуэкIащ «IэщIагъэм хуезыгъаджэ мастер нэхъыфI-2023» урысейпсо зэпеуэм я щIыналъэпсо Iыхьэхэр. Абы хэтащ курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт кол­леджхэм, техникумхэм, лицейхэм (СПО) я егъэджакIуэхэр, унэтIакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр. Иджырей зэхьэзэхуэхэр ящыщщ «ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр» Iэтауэ егъэкIуэкIыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм. 

Мы гъэм ещанэу къызэрагъэпэщ а зэпеуэм зы илъсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ зиужьу, IэщIагъэлI нэхъыбэ къызэщIиубыдэу йокIуэкI. Зэпеуэр къыщрахьэжьа япэ илъэсым абы и ­утыку СПО-м и егъэджакIуэхэм, IэщIагъэлIхэм ящы­щу 2406-рэ ихьауэ щытамэ, нэгъабэ абы­хэм я бжыгъэр 2784-рэ хъуащ. 2023 гъэм къыхалъхьа зэпеуэм хэтыну лъэIу тхылъ зытахэр цIыху 3917-рэ хъурт. УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и ми­нистр­ Кравцов Сергей зэрыжиIащи, зэпеуэм зэрызиубгъумрэ ар нэхъ цIэрыIуэ зэрыхъумрэ къагъэлъагъуэ зи зэфIэкIыр утыкушхуэхэм щызыгъэлъэгъуэну, зи Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ адрейхэм ядэгуэшэну егъэджакIуэ, унэ­тIа­кIуэ, IэщIагъэлI зэчиифIэ куэд дызэриIэр. Къыхиха IэщIагъэм и щэху псоми щыгъуазэ зы­хуэзыщIыну хущIэкъу ныбжьыщIэхэм, студентхэм я дежкIэ апхуэдэ егъэджакIуэ Iэзэхэр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщ. 
Ди республикэми шэщIауэ щокIуэкI курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм я IэщIагъэлIхэр зыхэт а зэпеуэр. Иджы дыдэ зэфIэкIащ «IэщIагъэм хуезыгъаджэ мастер нэхъыфI-2023»-м и республикэ Iыхьэр. Абы хэта егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ къапщытащ зэпеуэм къыхузэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупым. Абыхэм къызэралъытамкIэ, урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуащ «Призвание» уней медицинэ колледжым и егъэджакIуэ Пэнжокъуэ Лянэ Артур и пхъур. ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Сату-технологие колледжым и егъэджа­кIуэ Жанакуевэ Альбинэ Арсений и пхъум. Зэпеуэм ещанэ щыхъуащ Автомобиль-гъуэгу колледжым щезыгъаджэ Балэ Елдар Алишер и къуэр. 
ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа Пэнжокъуэ Лянэ и текIуэныгъэм куэд щыгуфIыкIащ: и лэжьэгъухэри, ныбжьыэгъухэри, иригъаджэ студентхэри. Лянэ хэтынущ зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм, ди республикэм и щIыхьыр ихъумэу. УФ-м и СПО IэнатIэм и егъэджакIуэ нэхъыфI 89-рэ зрагъэблагъэ а Iуэхугъуэр мы гъэм и фокIадэ мазэм и кIэуххэм Тулэ къалэм къыщызэрагъэпэщынущ. Пэнжокъуэм дохъуэхъу урысей­псо утыкум ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэфIыр жыжьэ игъэIуну. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер