УРЫСЕЙМ ТЕУХУА ТХЫЛЪ НЭХЪЫФI

Мэкъуауэгъуэм и 6-м Москва щызэхуащIыжащ «Ут Плъыжь» зи фIэщыгъэ IX тхылъ фестивалыр. Абы къалащхьэм щызэхуишэсат тхылъ къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэ куэдым я лIыкIуэхэр.
Абы зи лэжьыгъэр фIы дыдэу къыщалъытахэм ящыщщ ди лъахэгъухэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ. Урысей Федерацэм и лъэпкъ тхылъ тедзапIэ нэхъыфIу къыхагъэщхьэхукIа IуэхущIапIитхум я унафэщIхэм яхэту ахэр ди къэралым и Къэрал Думэм ирагъэблэгъащ, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Семигин Г. Ю. IущIащ. Бысымымрэ хьэщIэхэмрэ тепсэлъэхьащ тхылъ къыдэгъэкIыным, ахэр щIэджыкIакIуэхэм яIэрыгъэхьэным пыщIа Iуэхухэм, ар урысейпсо щэнхабзэм и зы IыхьэфIу зэрыщытым, тхылъ тедзапIэ нэхъыфIхэм а лэжьыгъэм хуащI хэлъхьэныгъэм, Лъэпкъ тхылъхэм я фестиваль егъэкIуэкIын зэрыхуейм, нэгъуэщIхэми. 
Тхылъ къыдэзыгъэкIхэм я  Урысей Ассоциацэм (АСКИ) и президент Чеченёв Константинрэ IуэхущIапIэм и вице-президент Филимонов Олегрэ псалъэ гуапэ куэд хужаIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм.
Къыхэбгъэщмэ, «я лэжьыгъэм зэрыхуэIэзэм, апхуэдэуи Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр нэгъуэщIхэм къегъэцIыхуным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ» Урысей Федерацэм и Федеральнэ зэхуэсым, Къэрал Думэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым я фIыщIэ тхылъхэр, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным и илъэсым теухуауэ ирагъэкIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм и дыжьын дипломыр къратащ.
АСКИ-м иригъэкIуэкIа «2023 гъэм и тхылъ нэхъыфIхэр» зэпеуэм  кърикIуахэр фестивалым наIуэ щыхъуащ. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ томитI хъууэ къыдагъэкIа «Кабардино-Балкария: природный курорт, всероссийская здравица, туристическая Мекка» сурэтылъэм «Урысейм теухуа тхылъ нэхъыфI» унэтIыныгъэм къыщыхуагъэфэщащ лауреатым и дипломыр. Къыхэгъэщыпхъэщ зэхьэзэхуэм и унэтIыныгъэ 12-м Урысейм и щIыналъэ 49-м дунейм къыщытехьа тхылъ 512-рэ зэрыхэтар. 
ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.