ХЬЭХ СЭФАРБИЙ И ФЭЕПЛЪУ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Кэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ тхакIуэ, уса­кIуэ, журналист Хьэх Сэфарбий къызэралъхурэ илъэс ­85-рэ зэрырикъум теухуа фэ­еплъ зэпеуэ.

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм курыт еджапIэ щIэсхэм папщIэ къызэригъэпэща зэ­хьэ­зэхуэм щIыналъэм и къуа­жэ­хэмрэ ­къалэхэмрэ ящыщу школакIуэ 20-м нэблагъэ къы­хы­хьат.
Лъэпкъ литературэм, журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, илъэс 20-м щIигъу­-кIэ «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм и унафэщIу лэжьа Хьэ­хыр куэдым гъуэгугъэ­лъагъуэ яхуэхъуащ. Ар езыр къытхэ­мытыжми, и Iэдакъэ­щIэкIхэм и IуэхущIафэ дахэм къызэры­пащэм я щыхьэтщ мы пшы­хьыр.
Iуэхур жэрдэм ищIу къызэ­зыгъэпэщар КъБР-м егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Лъэпкъыбзэхэр егъэджынымкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз Залинэщ. Абы зэIущIэр къыщызэIуихым жи­Iащ Хьэхым игъэлажьэу щыта литературэ хасэм езыри зэ­рыхэтар. Лъэпкъ литературэм, тхэным гу хуэзыщIа щIэблэ­щIэм Сэфарбий сэбэп зэрахуэхъуам ­теухуауэ къэпсэлъащ Мызыр. 
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м и радиом и лэжьакIуэ, тхакIуэ Мыз Ахьмэд, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тхьэщыгъуей Жаннэ, «Илъэсым и егъэджакIуэ» ­урысейпсо зэпеуэм лъэпкъыбзэхэмкIэ Iыхьэм ещанэ увы­-пIэр къыщызыхьа Махуэ Маринэ (Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №33, №1-хэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щре­гъаджэ), «Япэ итхэм я урысей­псо зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и аппаратым хэт Дзэгъащтэ Азэмэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, тха­кIуэ Къаныкъуэ Анфисэ сымэ. 
5 - 11-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэхэм артист Iэзагъ къагъэлъагъуэу, зи гугъу ящIыр ­къазэрыгурыIуэр, псэкIэ зэ­рызыхащIэр наIуэу, къеджащ Хьэх Сэфарбий и IэдакъэщIэкI усэ­хэмрэ и тхыгъэхэм къыхаха пычыгъуэхэмрэ. А цIыкIухэм уахэплъэныр гухэхъуэт. Адыгэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр Iумпэм ящIу, абыкIэ мыпсалъэу жызыIэхэм езгъэлъэгъуарэт мыхэр. Ахэр абы ирипсалъэ ­къудейкъым, атIэ ирогупсысэ, ироджэгу, иропагэ. Ар иплъагъуэрт дэтхэнэми и нэгум. Лъэпкъ насыпыр къыщежьэр щIэблэм и дежмэ, адыгэр ­дынасыпыфIэщ. А цIыкIухэм къахэкIащ Сэфарбий усэ хузэ­хэзылъхьахэри и Iэдакъэ­щIэкI­хэм папщIэ псалъэ гуапэ ху­жы­зыIахэри. Псэуху щIэблэр зыу­нэтIу къэгъуэгурыкIуа Хьэ­хыр абыхэм яхэплъэну куэд нэхърэ нэхъыфIти. 
- Зэпеуэм хэта ныбжьыщIэхэм япэ увыпIэр зыхуэмыфащэ яхэткъым, ахэр къыхаха пы­чыгъуэхэм, усэхэм гур хагъа­хъуэу къеджащ, - жиIащ Мыз Залинэ. Абы и псалъэхэм пи­щэу егъэджакIуэхэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ Махуэ Маринэ. 
Зэпеуэм хэтахэр ныбжькIэ гуэшауэ щытати, 5 - 8-нэ классхэм щIэсхэм я деж япэ увыпIэр ­Пекъу Къантемыр къыщихьащ (Шэджэм ЕтIуанэ дэт курыт еджапIэ, 8-нэ класс), етIуанэ увыпIэр ­Бэгъуэт Му­хьэмэдрэ (Шэджэм дэт курыт еджапIэ, 5-нэ класс) Багъэтыр Зурианэрэ (Къубэ-Тэбэ къуа­жэ дэт курыт еджапIэ №1, 6-нэ класс) зэхуагуэшащ, ещанэ увыпIэр КIущ ­Да­нитэрэ (Ар- уан къуажэм дэт курыт еджапIэ, 6-нэ класс)  Сэхъурокъуэ Лянэрэ (Старэ Шэ­рэдж дэт курыт еджапIэ №1, 5-нэ класс) хуагъэфэщащ. Нэхъыжь клас­с­хэм ще­джэхэм я зэпеуэм япэ щы хъуащ Кушмэзокъуэ Лянэ (Дыгулыбгъуей дэт курыт еджапIэ №9, 10-нэ класс), ет­I­уа­нэр Нэгъуей Элинэщ (Прох­ладнэ къалэ дэт лицей №3, 9-нэ класс), ещанэ хъуар Хьэгъэс Данэщ (Пла­новскэ къуа­жэ дэт курыт еджапIэ №2, 10-нэ класс). 
- Дэ фIыуэ тлъагъуу диIа Хьэх Сэфарбий теухуа пшыхьым ди гуапэу дыхэтащ, - жиIащ Дзэ­гъащтэ Азэмэт псалъэ щратым. - НэхъыжьыфIу, адэ пэ­лъытэу къытщхьэщытащ ар. ­ГушыIэр и Iэпэгъут, ауэ щыхъу­кIи, абы и гушыIэм щIагъыбзэ дахэ щIэлът. ТхакIуэм дежкIэ нэхъыщхьэр  и IэдакъэщIэкIхэр щIэблэм къащтэнырщ. Бы­дэу си фIэщ мэхъу Хьэхым и тхыгъэхэм я щIэупщIэр кIуэ ­пэтми нэхъ ин хъуну, щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд траухуэну. «КъатIыху си лъабжьэр сохъу нэхъ ин!» - Сэфарбий и усэм хэт а сатырым хуэдэу, и тхыгъэхэр яджыху абыхэм я куууагъыр ­нэхъыфIу къыдгурыIуэну къы­золъытэ.
- «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм хэтахэм ящыщу Хьэхым гъуэгу тримыгъэуварэ ар «зы­кIэщIэрымыIарэ» къытхэткъым, - жеIэ Къаныкъуэ Анфисэ. - НыбжьыщIэ цIыкIухэм мы зэIущIэр лъапэ махуэ ­яхуэхъуну, абы и фIыгъэкIэ лъэпкъ литературэм, усыгъэм нэхъыбэу дихьэхыну сахуо­хъуахъуэ. Ахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэм я фIыщIэр дгъэкIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым. Анэдэлъхубзэр щытIэщIэху зэманым мыпхуэдэ щIэблэ уахэплъэныр гухэхъуэщ. Фе­фIэ­кIуэну! - захуигъэзащ Анфисэ къызэхуэсахэм.
Зэпеуэм хэтахэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ щIыхь, фIы­щIэ тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратащ. 
«Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм хэтхэр тыгъэ щхьэхуэкIэ яхуэупсащ я усэ къеджэкIэкIэ езыхэм ягу нэхъ ирихьа ныбжьыщIэхэм.

Сурэтхэр  Къарей Элинэ  трихащ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.10.2024 - 10:12

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ.

14.10.2024 - 10:11

Узыгъэгушхуэщ

    Узыгъэгушхуэщ

14.10.2024 - 10:10

Мысырымрэ Кавказымрэ

Пасэрей Мысырым и щэнхабзэ фэеплъу дуней псом къыщацIыху, ауэ нэгъуэщI щIыпIэ щымыпсэу цIывым и мывэ сурэтыр къыщIахыжащ Зеикъуэ и зы кхъэлэгъунэхэм.

14.10.2024 - 10:10

Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи.

14.10.2024 - 10:09

ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм.