ПОЛИЦЕЙХЭР ТОКIУЭ

Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм къызэригъэпэщри, футбол цIыкIумкIэ зэпеуэ Налшык щекIуэкIащ «На руинах Сталинграда» фIэщыгъэм щIэту. 

 Ар я фэеплът Сталинград бийм щызыхъумахэмрэ «Спартак» (Мэзкуу), «Динамо» (Сталинград) футбол командэхэм 1943 гъэм накъыгъэм и 2-м зэхэта я зэIущIэ гукъинэжымрэ. 
Утыкум къихьэнухэмрэ футболым еплъыну къызэхуэсахэмрэ фIэхъускIэ захуигъэзащ КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэм и къуэдзэ Ефэнды Олег. Къэрал кIуэцI къулыкъум и полковникым къызэрыхигъэщащи, ирагъэкIуэкI зэпеуэмкIэ я мурадыр бий зэрыпхъуакIуэхэр зытемыкIуэфауэ зэхакъута Сталинград къалэм и футбол губгъуэм щыджэгуа командэхэм хэтахэр, а зэман хьэлъэр цIыхухэм ягу къагъэкIыжынырщ. Абыхэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэр фашистхэм дуней псор щызыхъумахэм я къэмылэнджэжагъэмрэ лIыгъэмрэ я дамыгъэт. 
 Кубокым щIэбэнащ командитху. Утыкум щызэхуэзащ Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ Урысей гвардием, Урысей МВД-м и управленэу Налшык къалэм щыIэм, Урысейм и Следственнэ Комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм я командэхэр.
 ЗэIущIэхэм кърикIуахэмкIэ нэхъ лъэщхэр къыхахащ. Ещанэ увыпIэр яубыдащ Лъэпкъ гвардием и лIыкIуэхэм.

Балэ Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.