«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу мы зэманым лэжьыгъэшхуэхэр иращIылIэ Шэрэдж псым телъ лъэмыжым. Ар и лъабжьэм къыщыщIэдзауэ къагъэщIэрэщIэж, къэухьхэри, лъэмыжыр зыIыгъ лъащIэхэри, лъэс зекIуапIэхэри хиубыдэу.
Куэд зэрыщыгъуазэщи, лъэмыжыр зытелъ къэрал гъуэгу нэхъыщхьэм зы махуэм къриубыдэу хьэлъэзешэ машинэрэ транспорт зэмылIэужьыгъуэу мин бжыгъэхэр щызэблокI. Аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэмыж нэхъ инхэм хабжэр зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжын хуей щIэхъуар. Дагъыстэным къыщыщIэдзауэ Осетие Ищхъэрэ - АланиемкIэ иухыжу, гъунэгъу щIыналъэхэм дапызыщIэри а гъуэгурщ.
Лэжьыгъэхэр псынщIэу йокIуэкI. Транспортыр а щIыпIэм щызэтримыхьэн папщIэ псым пIалъэкIэ тралъхьа лъэмыжыр сэбэпышхуэ мэхъу.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэм иджыпсту щыпащэ Прохладнэ - Iуащхьэмахуэ гъуэгум хуэзэу Бахъсэн псым телъ лъэмыжми. Мы гъуэгум зэпещIэ Бахъсэнрэ Дыгулыбгъуейрэ, Бахъсэнрэ Налшыкрэ. Иджыпсту ухуакIуэхэм зэрахъуэкI сэкъат зыгъуэта гъуэгу зэпыхьэпIэхэр, сыту жыпIэмэ, абы куэдкIэ елъытащ лъэмыжыр зэрызекIуэну пIалъэмрэ и шынагъуэншагъэмрэ.
Мы зэманым ирихьэлIэу лъэмыжым бетонхэр тралъхьащ, лъэс зекIуапIэмрэ гъуэгумрэ зэпэщIэзых къэухьхэр ягъэуври, асфальт тралъхьэжащ, лъэмыж зэпрыкIыпIэхэр къагъэнэхуащ. Абыхэм къакIэлъыкIуэу гъуэгум асфальтыр тIуащIэу тралъхьэнурэ и бгъуитIым иджырей къэухьхэр ягъэувынущ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIэнущ.
Лэжьыгъэ псори мы гъэмахуэм къриубыдэу зэфIагъэкIынущ.
Лъостэн Музэ.