ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ. 

Депутатхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъ­хьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыпIэ хэхакIуэ комиссэхэм ятеу­хуауэ», КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законхэм. 
ЗэIущIэм япэ еджэгъуэу арэзы щы­техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ КъБР-м ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондымрэ я бюджетхэр 2022 гъэм зэрагъэ­зэщIам  теухуа законопроектхэм.
КъБР-м ФIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурият теп­сэ­лъыхьащ «КъБР-м ФIэкIыпIэншэ ­медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2023 гъэм, 2024 - 2025 гъэхэм ятещIыхьауэ» КъБР-м и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым. Дэфтэрым IуэхущIапIэм и хэхъуэр зы­хуэдэну къагъэлъэгъуам зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ, налогым щымыщ и хэ­хъуэхэмрэ ипэ илъэсхэм Iуэхугъуэ хэ­хахэм хуэгъэзауэ къамыгъэсэбэпа ахъшэр иджырей бюджетым хэлъхьэ­жы­нымрэ къэлъытауэ.
- Фондым 2023 гъэм къигъэсэбэпыну зыхуеинум хэтлъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыхэкIащ 2022 гъэм субвенцэу къэна сом мелуани 176,9-р фIэкIыпIэншэ медицинэ страхованэм и щIыналъэ программэр зэрыдгъэзэщIэнум, налогым щы­мыщ хэхъуэу сом мелуани 5,2-рэ 2022 гъэм къыдэхуа субвенцэ ахъшэу сом мелуан 48,2-рэ бюджетым зэры­хэтлъ­­хьэжым, - къыхигъэщащ Бгъэжьно-къуэм.
Депутатхэм зэдэарэзыуэ къащтащ «Щэнхабзэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 28-нэм, 36-нэм зэхъуэ­кIы­ныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр.
КъБР-м и Парламентым епха Жыла­гъуэ советым хагъэхьащ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал мэкъумэш универси­тетым и проректор Азычэ Светланэрэ Май район сымаджэщым и дохутыр Савченкэ Натальерэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэн­хабзэм, узыншагъэр хъумэным, егъэ­джэныгъэм, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэм епха и IуэхущIапIэхэм 2022 гъэм зэфIагъэкIа Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къызэрапщытам кърикIуам теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м лэ­жьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим. Абы зэрыжиIамкIэ, министерствэм и нэIэм щIэтщ республикэм Iуэхутхьэбзэ­хэр къызэрыщызэрагъэпэщым и фIагъыр къэпщытэныр. А Iуэхур къызэзы­гъэ­пэщ Жылагъуэ советым къызэщIеубыдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу, фейдэм пымылъ IэнатIэу, псапащIэ фонду 20-м щIигъум я лIыкIуэхэр. Апхуэдэу 2022 гъэм я лэжьыгъэм и фIагъыр къыщапщытащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэхэм я процент 32-м, щэнхабзэм и IуэхущIапIэу - процент 24-м, егъэджэныгъэм епхауэ - процент 35-м.
- 2022 гъэм зи лэжьыгъэр фIыуэ къы­зэ­зыгъэпэщу къалъытахэм ящыщщ (балл нэхъыбэ зыхуагъэувахэр) узыншагъэр хъумэным и IуэхущIапIэу 13, щэнхабзэм и IэнатIэу 6, районхэм я егъэджэныгъэ IэнатIэу 34-рэ, - жиIащ къэпсэлъам. - Балл мащIэ дыдэ къэзыхьахэри щы-Iэщ. Апхуэдэу узыншагъэр хъумэным и IэнатIэу зы, щэнхабзэм елэжьу 2, егъэ­джэныгъэм епхауэ 7 къэдгъэлъэгъуащ. ЩыщIэныгъэ зиIэхэм я Iуэхур зэрагъэ­зэкIуэжыну Iэмалхэр хуатхащ. Къэбгъэ­лъагъуэмэ, республикэм и IуэхущIа­пIэхэм я лэжьыгъэр 2022 гъэм къызэры­зэрагъэпэщар нэхъыфIу къэтлъытащ 2021 гъэм ебгъапщэмэ. 2023 гъэм IуэхущIапIэу 203-м я Iуэхутхьэбзэхэр къызэ­рызэрагъэпэщыр къэтпщытэну ди мурадщ. 

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.01.2026 - 09:43

Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ.

13.01.2026 - 09:42

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.

12.01.2026 - 08:56

Iулъхьэм зэрыпэщIэтыр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щагъэ­нэIуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
 

12.01.2026 - 08:55

Дамир Европэм и вице-чемпионщ

Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ дыгъэгъазэм и 11 - 14-хэм Косовэм и къалащхьэ Приштинэ щекIуэкIащ.

12.01.2026 - 08:55

Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж.