ЗытегъэщIапхъэ Iэмалхэр

«ЩIыналъэр ахъшэ хэлъ­хьапIэ щIынымкIэ, удэ­зы­хьэх теплъэ иIэу, и про­мыш­ленностым зэрызрагъэужь Iэмалхэр къэгъэ­сэбэпын» фIэщыгъэм тету иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ республикэм и бизнес-жылагъуэм хэтхэм я зэхыхьэ зыбжанэ.

Ахэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м Промышленнос-тым­кIэ, энергетикэмрэ са­тум­кIэ и министерствэмрэ Урысей Федерацэм и тех­но­парк­хэмрэ экономикэм хэха и щIыпIэхэмрэ (ОЭЗ) я зэгухьэныгъэм хэт кIэлъып­лъакIуэ гупым и унафэщI Шпиленкэ Андрей зи пашэ IэщIагъэлIхэмрэ. 
- Гупым хэтхэр дыкъэкIуэн ипэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм лэжьы­гъэш­хуэ дедгъэкIуэкIащ. Хэгъэгум и предприятэхэм ящыщу 50-м щIигъум я зэфIэкIыр зыхуэдэм дыхэп­лъащ. Иджы, бизнес-жылагъуэм хэтхэм дащыIущIэкIэ, дэ нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу тху­зэпкърыхынущ икIи къытхуэгъэлъэгъуэнущ щIыналъэм и промышленностым зиужьынымкIэ нэхъ зытегъэщIапхъэ Iэмалхэр зыхуэ­дэри абыхэм я къэгъэ­сэ­бэпыкIэ хъунури. ДыхущIэкъунущ IуэхугъуэщIэм хьэ­ры­чэтыщIэхэр щыгъуазэ хуэтщI къудей мыхъуу, лэ­жьыгъэм дедгъэхьэхыну, тед­гъэгушхуэну, - къыхигъэщащ Шпиленкэ Андрей, журналистхэм щепсалъэм.
Дерс-зэхыхьэ пэщIэдзэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей къызэхуэсахэм гу ­лъаригъэтащ зытепсэлъыхь IэмалыщIэр республикэм и промышленностым нэхъри зиужьынымкIэ хэкIыпIэфIу зэрыщытым. 
- Индустрие-промышленнэ технопаркыр инже­нер-транспорт хуэIухуэ­щIэ­хэмкIэ (инфраструктурэ) зы­хуэ­ныкъуэ щымыIэу зэгъэ­пэща щIыпIэущ зэрыщытын хуейр. Апхуэдэхэращ производствэщIэ къыщепхьэжьэ хъуну къалъытэри, - жиIащ Говоровым.
Япэ зэIущIэм къыщып­сэ­лъащ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ са­тумкIэ и министр Iэ-          хъуэ­бэч Щамил. 
- Республикэм и бизнес-жы­лагъуэм мы махуэхэм къы­­хузэрагъэпэща дерс-зэхыхьэхэм экономикэм телажьэ IуэхущIапIэхэм я пашэхэм щыгъуазэ зыщы­хуащIыфынущ «промыш­­лен­­нэ кластер» зыфIаща дзей зэгухьэхэм хыхьэн пап­щIэ къагъэсэбэпыпхъэ Iэмалхэр зищIысым, сом меларди 100-м нэблагъэ щIы­хуэр, зы илъэсым къриу­-быдэу проценти 5,25-рэ нэхъыбэ щхьэщамытыкIыу, къызэрыраIыхыфыну щIы­кIэм, лэжьыгъэм папщIэ зы­хуеинухэр къызэращэхуну ахъ­шэр, сом мелуани 150-м нэблагъэр, зыIэрагъэхьэ­ным­кIэ бгъэдыхьэкIэу ­къа­- ­гъэ­сэбэпыпхъэхэм, нэ­гъуэщI­хэми, - жиIащ Iэхъуэ­бэ­­чым. 
Индустрие-промышленнэ технопаркхэр зэгъэпэ­щынымкIэ проектхэр ягъэ­хьэзыр, УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэр я щIэгъэкъуэну, къэралым щагъэзащIэ федеральнэ программэхэм япкъ иту. 
 
КЪУМАХУЭ  Аслъэн. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2023 - 17:19

ТХЫДЭДЖ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХУЭС

Налшык къалэм дэт, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Центрым иджыблагъэ тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.

04.12.2023 - 12:35

ЩIЭБЛЭР СПОРТЫМ ДРАГЪЭХЬЭХЫН МУРАДКIЭ

 Хъыбар гуапэ

04.12.2023 - 09:25

ИТАЛИЕМ ДИ ЛЪЭПКЪ IУЭХУ ЩЫЗЭРАХЬЭ

Италием и Неаполь къалэм щыIэ Къуэ­кIыпIэ университетым иджыблагъэ зэIущIэ ще­кIуэ­кIащ.  Профессор Гуидо Капелли къызэригъэпэщащ «Адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ» зи фIэ­щыгъэцIэ семинарыр. 

04.12.2023 - 09:03

«ДЫГЪАФIЭ КЪАЛЭМ» И ГЪЭСЭНХЭР Я ХЬЭЩIАЩ

«Къэрал сыхьэтым» хыхьэу, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депутатхэр яIущIащ ТворчествэмкIэ «Ды­гъафIэ къалэ» сабий академием и 9 - 11-нэ классхэм щеджэ, олимпиадэхэм, зэпеуэхэм ехъулI

04.12.2023 - 08:43

ЗИ ГЪУЭГУАНЭР ЩIЫХЬ ПЫЛЪУ ЗЫКIУ

Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэхэр сытым дежи япэу къызытехуэу щыта, иджыпстуи а къалэным зэрыхуэпэжыным пылъ «Iуащхьэмахуэ» л