ЩIыналъэ зэпеуэм щытекIуахэр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щагъэ­лъэпIащ сабий творчествэмкIэ «Полицейский дядя Стёпа» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ. 

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василийрэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ зэпеуэм ­щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ иратащ министерствэм и щIыхь тхылъхэмрэ гукъинэж ящыхъуну саугъэтхэмрэ.
Павлов Василий ныбжьыщIэхэм ­ехъуэхъуащ я текIуэныгъэмкIэ икIи къыхигъэщащ мыпхуэдэ Iуэхухэр егъэ­кIуэкIыныр къытщIэхъуэ щIэблэр цIыху нэсрэ щэныфIэу, хэкупсэу гъэсэнымкIэ сэбэп зэрыхъур.
- Сабийхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыхощ абыхэм ящыщ дэтхэнэми полицэр и лэжьакIуэм сыт щыгъуи къыдэIэ­пыкъуну хьэзыр цIыхуу къызэралъы­тэр. Къыхэгъэщыпхъэщ мы зэпеуэм фы­хэткIэрэ, ныбжьыщIэхэм фи зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ къызэрывгъэлъэгъуар. Си фIэщ мэхъу нобэ ­утыку къифхьа фи творческэ жыджэ­рагъыр гъащIэм увыпIэ тэмэм щы­ви­Iэным зэрыхуэкIуэнур. Дэтхэнэми ехъу­лIэныгъэхэр фиIэну си гуапэщ! Сыт щыгъуи зэIухарэ зэчиифIэу фыщыт!
Щхьэхуэу псалъэ гуапэхэр зыхужа­Iа ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэм министерствэм и унафэщIхэм фIыщIэ ­хуащIащ сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэ­кIыр къагъэлъэгъуэнымкIэ Iэмалрэ хэкIыпIэрэ зэрыратым папщIэ. 
Дыгулыбгъу  Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг