Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэм, накъыгъэм и 24-м, щекIуэкIащ зэхыхьэ гуапэ. Ар къы­зэригъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэр и дэIэпыкъуэгъуу. 

ЗэIущIэм ирагъэблэ­гъащ КъБР-м лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и ­къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и управленэм и унафэщI Мыз Маринэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ Советым хэт, «Память в наследство» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м и ТхакIуэ­хэм, и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхылъ тедзапIэм и унафэщI, тхакIуэ, лъахэхутэ цIэрыIуэ Котляровэ Марие, Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я «Вече» жылагъуэ зэгухьэ­ныгъэм и унафэщI Ситниковэ Людмилэ, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анжелэ, Налшык и благочиннэм и лIыкIуэ Осипов Константин, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм щыщ­хэр, еджакIуэхэр, студентхэр. 
Библиотекэм и лэжьа­кIуэхэм тхылъ дапхъэ къы­зэрагъэпэщащ, IуэхущIапIэм и фондым и гъэтIылъыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэну къалъытэхэр къызэщIиубыдэу. Зэхыхьэм зыкърезыгъэ­хьэлIахэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, зыхагъэ­гъуэзащ а тхылъхэм. 
Зэхыхьэр щыщIидзэм, къэ­рал махуэшхуэм и тхы­дэм, ар гъэлъэпIэным щIэ­дзапIэ хуэхъуам ухэзыгъэгъуазэ видео ягъэлъэ­гъуащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ махуэшхуэр славян тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа узэщIакIуэхэу, чыристан диныр цIыхухэм яхэзыхьа щихъ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ я цIэм зэрепхар. Абыхэм алыфбейр зэрызэхагъэувам и мызакъуэу, инджы­лыз ущиехэр, псысэхэр, тхьэ­лъэIу тхыгъэхэр зэра­дзэкIащ. Зэкъуэшхэм зэ­халъхьа славян тхыбзэм и алыфбейрщ нобэр къыздэсым къэдгъэсэбэпыр. Абы и цIэр - кириллицэр - Кирилл и цIэм къытехъу­кIащ. Япэу ар ягъэлъэпIэн щыщIадзар Болгариеращ. Урыс Члисэм и жэрдэмкIэ, щихъ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ я фэеплъ махуэр 1863-м щыщIэдзауэ ягъэлъапIэ. Урысейм а махуэр члисэ-къэрал махуэ­шхуэу къыщащтащ икIи абы ирихьэлIэу конференцэхэр, славян къеджэныгъэхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, тхьэлъэIухэр ирагъэкIуэкI. 
Къызэхуэсахэм псалъэ ­гуа­пэкIэ захуигъэзащ Лъэпкъ библиотекэм ще­джэ и пэшым и унафэщI Нанэ Ларисэ. Абы жиIащ илъэс етхуанэ хъуауэ я IуэхущIапIэм мы зэIущIэ щхьэпэр къызэрыщызэрагъэпэщыр, лъэпкъ зэмы­лIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэр нэхъри зэкъуэувэным къыхуезыджэр. Зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм я къалэн нэхъыщхьэу абы къигъэлъэгъуащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэ­хущытыкIэхэр егъэфIэ­кIуэ­ныр, урысыбзэр хъума, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ­хэм щыщхэр абы иризэгурыIуэу къагъэсэбэпыныр.
Гергоков Джамбулэт Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щы­псэу лъэпкъхэм щыщ дэтхэнэри къыхуриджащ я щэнхабзэм, тхыдэм зрагъэужьыну, лъапIэныгъэ­хэр ялъытэну, гъунэгъу лъэпкъ­хэм къахэкIахэм пщIэ, ныбжьэгъугъэ яку дэ­лъыну.
- Мы зэманым къухьэпIэр хущIокъу урысыбзэр, урыс щэнхабзэр, Урысейм и тхыдэр игъэкIуэдыну. Абы зэрытхузэфIэкIкIэ дыпэ­щIэ­тын хуейщ, ди лъэпкъ тхыдэмрэ ди пщэдеймрэ къыгуэхыпIэ имыIэу зэ­пы­щIащи, - жиIащ Гергоковым. 
Емуз Нинэ и псалъэм къыхигъэщащ лIэщIыгъуэ 12 хъуауэ ягъэлъапIэ махуэшхуэм мыхьэнэ зэриIэр. Абы ягу къигъэкIыжащ щIэныгъэлI, композитор цIэрыIуэхэр урысыбзэкIэ псалъэу, абы ирилажьэу зэрыщытар, урыс щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я лъабжьэр гъэтIылъыным хэлъ­хьэныгъэ ин зэрыхуащIар. Абы щIэблэр къыхуриджащ библиотекэм щIэх-щIэ­хыу­рэ кIуэну, пэжымрэ пцIым­рэ зэхагъэкIыфын, хъыбар нэпцIхэм зыщахъумэн пап­щIэ тхыдэр яджыну, япэ итахэм я лэжьыгъэфIу къэ­ралыр зэрыгушхуэхэм иджы­ри къыпащэну, я лъэпкъыбзэр, щэнхабзэр яхъумэну, ирагъэфIэкIуэну. 
Ситниковэ Людмилэ теп­сэлъыхьащ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ славян тхыбзэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэм, абыхэм урыс алыфбейр къызэрызэрагъэпэщам, я щIэинхэм.
Амщыкъуэ Анжелэ къы­теувыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм, я лъэпкъ щэнхабзэм къыдэ­кIуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэми зыхагъэгъуэ­зэн зэрыхуейм, щIыналъэм зрагъэужьынымкIэ, мамы­ру дыпсэунымкIэ ар щIэгъэкъуэн зэрыхъунум. 
Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм нэхъыщхьэу къыхагъэщащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я тхыбзэр зэ­фIэувэнымкIэ кириллицэм мыхьэнэшхуэ зэриIар, урысыбзэм лъэпкъ куэд зэрызэкъуигъэувэр. ЩIалэгъуалэр къыхураджащ урыс, лъэпкъ тхыбзэхэм я хабзэхэр, тхыдэр яхъумэну, я щIэныгъэм хагъэхъуэну, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэну. КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм зэIущIэм хэтахэм тхылъхэр тыгъэ яхуищIащ. 
Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр республикэм и къалэхэмрэ ­районхэмри щагъэлъэ­пIащ, пшыхь гъэщIэгъуэнхэр, концертхэр зэхашэри. Къапщтэмэ, Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ Ныбжьы­щIэхэм я библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «От первых букв до библиотек», «Откуда пошла грамота на Руси», «Что мы знаем о славянской письменности?» зэхыхьэхэр. ПащIэ Бэч­-мыр­зэ и цIэр зезыхьэ ­республикэ Сабий библиотекэми ныбжьыщIэхэм ­папщIэ зэ­хыхьэ щIэщыгъуэ щрагъэ­кIуэкIащ. Темыр­къан Борис и цIэр зезыхьэ къэрал ­филармонием и симфоние оркестрым концерт щитащ «Налшык» ­санаторэм. ­КъБР-м и Лъэпкъ музейм, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ музейм, ди щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ ­музейхэм декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я лэ­жьыгъэхэр щагъэлъагъуэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр
Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2023 - 17:19

ТХЫДЭДЖ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХУЭС

Налшык къалэм дэт, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Центрым иджыблагъэ тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ.

04.12.2023 - 12:35

ЩIЭБЛЭР СПОРТЫМ ДРАГЪЭХЬЭХЫН МУРАДКIЭ

 Хъыбар гуапэ

04.12.2023 - 09:25

ИТАЛИЕМ ДИ ЛЪЭПКЪ IУЭХУ ЩЫЗЭРАХЬЭ

Италием и Неаполь къалэм щыIэ Къуэ­кIыпIэ университетым иджыблагъэ зэIущIэ ще­кIуэ­кIащ.  Профессор Гуидо Капелли къызэригъэпэщащ «Адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ» зи фIэ­щыгъэцIэ семинарыр. 

04.12.2023 - 09:03

«ДЫГЪАФIЭ КЪАЛЭМ» И ГЪЭСЭНХЭР Я ХЬЭЩIАЩ

«Къэрал сыхьэтым» хыхьэу, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депутатхэр яIущIащ ТворчествэмкIэ «Ды­гъафIэ къалэ» сабий академием и 9 - 11-нэ классхэм щеджэ, олимпиадэхэм, зэпеуэхэм ехъулI

04.12.2023 - 08:43

ЗИ ГЪУЭГУАНЭР ЩIЫХЬ ПЫЛЪУ ЗЫКIУ

Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэхэр сытым дежи япэу къызытехуэу щыта, иджыпстуи а къалэным зэрыхуэпэжыным пылъ «Iуащхьэмахуэ» л