Борей - ищхъэрэ щIыналъэ

Пасэрейхэр ищхъэрэм БорейкIэ еджэу щытащ. Абы щыхьэт техъуэ псалъэ къыхэнащ адыгэбзэми - «бо­рэныжь», ищхъэрэжь. Археологием къитIэщIащ лъэхъэнэ жыжьэм ищхъэрэмкIэ щIыналъэ абрагъуэ зэрыщыIар, цIыхухэр псори абыкIэ къызэрикIар. Сыт абы цIыхур къиIэпхъукIын хуей щIэхъуар, езы Борейр дэнэ кIуа, сытым текIуэда? А упщIэхэм я жэуапыр иджырей щIэныгъэм фIэщ щIыгъуафIэу къет, къэхутэ­ныгъэхэм къагъэлъэгъуари телъыджэщ…

Гомер и «Илиада», «Одиссея» тхыгъэхэм къахощыж борэныжьыр. А фIэщыгъэцIэм зимыхъуэжауэ нобэм къэсащ - «Борей - северный ветер» жиIэу. Пасэрей тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIи, Борей щIыналъэр Урал къуршым икIыхьа­гъкIэ къыщыщIидзэрти, ищхъэрэкIэ кIуэцIрыкIырт, Европэ КъуэкIыпIэр, Карелиер, Кольскэ хытIыгуныкъуэр къызэщIиубыдэу. А лъэхъэнэ жыжьэм дунейм нэгъуэщI теплъэт иIэри, цIыхур щызэхэзекIуэнкIэ хъуххэнури а щIыпIэрт. Генетикэр щыхьэт тохъуэ дунейм лъэпкъыу тетым, цивилизацэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Азием, хы Курытым и хъуреягъым къетIысэкIауэ щыпсэуа лъэпкъыжьхэм зы лъабжьэ зэраIам, зы лъэпкъыжь гуэрым къызэрытехъукIам, а псори зы щIыналъэ зэрыщыпсэуам. 
Тхыдэ тхыныр къезыхьэжьэжауэ зыхуагъэфащэ Геродот жиIэу щытащ «цIыхур илъэс мин 400 хъуауэ мы дунейм зэрытетыр». Гу лъытапхъэщ урыс узэщIакIуэ, щIэныгъэлI Ломоносов Михаил абы арэзы техъуэу зэрыщытами.
АтIэ, псори дыщыгъуазэщ ЩIыр зэрылъэныкъуабэм, мащIэу егъэщIауэ зэрекIэрэхъуэкIым. Иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ЩIыр мыдрей лъэны­къуэмкIэ къегъэщIауэ кIэрахъуэу щытащ нэхъапэIуэкIэ. Ауэ, щхьэусыгъуэ гуэркIэ абы и малъхъэдис бынжэхэм (полюсхэм) захъуэжри, дунейр щIыIэ хъуащ, ищхъэрэкIэ щыIэ щIыналъэхэр псым щIилъэфащ, абыкIэ щыпсэуа лъэпкъри ипщэкIэ къэIэпхъуэн хуей хъуащ. Дунеижьым къыщыхъуа а насыпыншагъэм и хъыбар лъэпкъ псоми я IуэрыIуатэм зэхуэдэу къахощыж. Абы къикIыр - зым и тхыдэмрэ и Iуэры­Iуатэмрэ адрейм идыгъуауэ аракъым, атIэ псоми я нэгу щIэкIар зы Iуэхугъуэу аращ. 
Алъандэрэ цIыхум гъуэгу трилъхьами, къигупсысаIами, иухуами, псори псы лъабжьэм щIилъафэри, зэрыжаIэу, ­гъащIэм щIэрыщIэу къыщIидзэжащ, а дуней къутэжыгъуэм къела цIыху бжыгъэм лъэпкъ зэхуэмыдэхэр къатепщIыкIыжащ. НэхъапэIуэкIэ тхыдэ гъуэзэджэ зэрыщыIари, нобэкIэ ди нэгу къытхущIэмыгъэхьэ цивилизацэ зэхуэмыдэхэр дунейм зэрытетари цIыхум къыщыгурыIуар вэн-сэныр щIи­дзэу, телыдыкIыу зэщIэупса абрэмывэхэр, фэеплъ абра­-­гъуэ­хэр, ухуэныгъэ телъыджэхэр щIым къыщIихыжа нэужьщ.
Апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къэунэхуа археологием 1998 гъэм къитIэщIам уи лъыр ирехужьэ! Философие щIэныгъэхэм я доктор Демин Валерий къызэригъэпэщауэ щыта «Гиперборея-97» зекIуэм къихутахэм теухуауэ мыпхуэдэу итхыжащ: «…Псори дыкъызытехъукIыжа лъэпкъыжьым и лъэужь дытеуващ. Кольскэ хытIыгуныкъуэм, Сейдозер гуэлым и Iэхэлъахэм ит мэз лъабжьэм къыщыдгъуэтащ егугъупэу къыхэбзыкIа, зи джабэхэр лыдыжу зэлэжьа абрэ­мывэхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр куууэ щIым щIэлъщ, ауэ щIы щхьэфэм къытепIиикI мывэ абрагъуэхэр ухуэныгъэ гуэрым къызэрыгуэхуам шэч къытесхьэркъым. Уеблэмэ ­гъуэгу нэгъунэ тралъхьэу щытащ а лъэпкъым. Абы и закъуэкъым, гуэлым къыщхьэщыт къыр задэм и джабэм цIыху сурэт тетщ, и IитIыр зэIухауэ. А сурэтым къищ цIыхум метр 70 и лъагагъщ. Джабэм удэкIыфынукъым, ищхьэмкIэ кIапсэкIэ укъыщемыхмэ. Ар джабэм хэт трищIыхьами, зыт­ращIыкIари къыщыгъэлъэгъуари щэхуу къонэ». 
ЩIым и малъхъэдис бынжэхэм захъуэжыныр насыпыншагъэшхуэ къызыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэщ. Абы гъэмахуэр щIымахуэу напIэзыпIэм зридзэкIыфынущ, щIы­хъей, псы­дзэ кърикIуэнущ. Аращ Борейми къыщыщIар - щIыуэпс щхъуэкIэплъыкIэм хэпсэукI лъэпкъыр зытес щIыналъэм и нэхъыбапIэр хы лъабжьэм кIуащ, и Iэхэлъахэм мэз Iув къытекIэжащ. Ауэ Нинчурт Iуащхьэм и нэпкъым къытенащ пасэрей лъэпкъым и фэеплъ: алъандэрэ цIыхум имылъэ­гъуа IэмэпсымэкIэ абрэмывэхэр зэрызэпахам и Iэужьхэр, дэкIуеипIэхэр, гъуэгу захуэхэр, вагъуэхэр щадж обсерва­ториехэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр къызытехъукIамрэ зи­щIысымрэ пцIы гуэри пхухэмылъхьэну, наIуэ къэхъуа Iуэхугъуэщ мыр.  
Фырэ  Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.10.2024 - 10:12

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ.

14.10.2024 - 10:11

Узыгъэгушхуэщ

    Узыгъэгушхуэщ

14.10.2024 - 10:10

Мысырымрэ Кавказымрэ

Пасэрей Мысырым и щэнхабзэ фэеплъу дуней псом къыщацIыху, ауэ нэгъуэщI щIыпIэ щымыпсэу цIывым и мывэ сурэтыр къыщIахыжащ Зеикъуэ и зы кхъэлэгъунэхэм.

14.10.2024 - 10:10

Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи.

14.10.2024 - 10:09

ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм.