ЗЭХЭЩIЫКI НЭСЫМ И КЪЕЖЬАПIЭ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щы­тыкIэм теухуа щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэ­ным мыхьэнэ ин зэриIэр къалъытэу, 1992 гъэм Брази­лием и щыхьэр Рио-де-Жанейрэ ООН-м щызэхиша къэрал зэхуаку зэхыхьэм мэлыжьыхьым и 15-р Экологие щIэныгъэхэм я махуэу щагъэуващ.

Уегупсыс зэрыхъунумкIи, ар щIыуэпсым къы­щыхъу-къыщыщIэхэр къыд­гу­рыIуэным, абыхэм къарикIуэнкIэ хъунур IупщIу ди ­нэгу къыщIэувэным телажьэ Iуэхугъуэщ.
Дыкъэзыухъуреихь ­дунейм и щытыкIэм щытеп­сэ­лъыхькIэ, ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм «экологие» фIэщыгъэр къагъэсэбэпын щыщIадзар, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1866 гъэм иужькIэщ. Къызэрырахьэжьэуи, а псалъэмкIэ къагъэнаIуэу яублащ зыхэпсэукI щIыуэпсыр цIыхухэм къазэрыхущы­тымрэ къэзыухъуреихь Iэ­гъуэ­благъэм зыщрихьэлIэ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэ­хэмрэ езыхэм я декIуэ­кIы­кIэмрэ. 
Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIами, ЩIы Хъурейр зэ­рыщыту къэтщтэнщи, щы­тыкIэр, щекIакIуэ зэпытщ ­хужумыIэнумэ, зэрыще­фIэ­кIуа щыIэкъым. Ар, дэ ды­зэрегупсысымкIэ, псом ди дежкIи нэрылъагъущ. 
Ауэ щыхъукIи, щIыуэпсым и щытыкIэм нэхъ IупщIу дыхэзыгъэгъуазэ, къы­щыхъу-­къыщыщIэхэр нэIу­рыту къыдгурызыгъаIуэ, абыхэм къарикIуэнкIэ хъунум ди гупсысэр хуэзышэ щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным, яхэпщэным мыхьэнэ ин зэриIэри шэч къызытумы­хьэжынщ, псом хуэмыдэжу дызэрыт лъэхъэнэм ар щыхуэтхькIэ. 
Экологие щIэныгъэхэм я махуэр ди къэралым гъэ­лъэпIэн щыщIадзар 1996 гъэм иужькIэщ. А илъэсым щегъэжьауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, сабий садхэм, тхылъ ­хъумапIэхэм, щIэныгъэ институтхэм а Iуэхум теухуауэ къыщызэрагъэпэщ хабзэ зэхыхьэхэм, конференцхэм зэхэшакIуэхэр щытопсэ­лъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейр, зэрыщыту къатщтэмэ, щIыуэпсыр хъумэным ехьэ­лIауэ зэхэщIыкI нэс диIэн зэрыхуейм дэтхэнэри - сабийхэри, балигъхэри, къулыкъущIэхэри, цIыху къызэрыгуэкIхэри дызэрегупсысыпхъэм.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг