ПЩЫ ЩЭУЭТЫКЪУЭ ЗЭРАУКIАМ И ХЪЫБАР

Адыгэ уэрэдыжьхэр, цIыхур тIысрэ къигупсыса мыхъуу, хъыбар пэж зыщIэлъ защIэщ. Ар е лIыхъужь гуэрхэм траусыхьыжащ, е езы лIыхъужьхэм зэхалъхьэжа гъыбзэщ. Абыхэм ящыщщ къызэрыгуэкI  къуажэдэс, Нартыгу жыхуаIэ лIыжьым Щэуэтыкъуэ пщыр зэрыIэщIэукIам триусыхьыжауэ щыта  уэрэдри. Ар итхыжащ КъардэнгъущI Зырамыку.

Пщы Щэуэтыкъуэ и тетыгъуэт. ВакIуэ дэкIыгъуэт, арщхьэкIэ пщыр гъуэгу тетти, абы и Iизыныншэу вакIуэ дэкIын иракуртэкъым. Пщыр къогувэ, гъатхэри къэсащ.

– Пщым дежьэурэ ди щIыр къинэжынущ, сыт тщIэнур?

Нэхъыжьхэр зэчэнджэщри, пщым пэмыплъэну зэгурыIуащ:

– Щэуэтыкъуэ делэкъым, дызэхищIыкIынщ…

ДэкIащ вакIуэ.

Куэд мыщIэу, пщыри къахыхьэжащ. Езым и Iизыныншэу къуажэр вакIуэ зэрыдэкIар къыщищIэм, сабэ дрипхъеящ, кIиящ-гуоуащ:

– Яхуэздэнкъым! Сэ къыщыспэмыплъэфакIэ, къагъэзэжу шэщ схуащIыху, зы вагъэбдзумэ гуахыу здэнкъым!

Бейгуэлхэр игъакIуэри, цIыхур къуажэм къыдригъэхуэжащ. Сыт ящIэнт, пщыр залымт, упэув хъунутэкъым.

– Щхьэ и ней къытщыхуауэ пIэрэ пщым? ДэриТхьэм дыкъигъэщIащ, сыт псэугъуэ къыщIыдимытыр?! – мэшхыдэ лъхукъуэлIхэр.

– Нэхъыжь гуэр пщым деж дывгъэгъакIуи, жэуап къеIыдвгъэх, – жари зэгурыIуащ.

Къуажэм я нэхъыжь дыдэр пщым деж ягъэкIуащ.

– Щэуэтыкъуэ, – жиIащ лIыжьым, – гъэр къэсащ, вакIуэ ихьа цIыхум щхьэ къебгъэгъэзэжа? Шэщ ухуеймэ, пхуэтщIынщ.
– Ар пIэщIэгъуэкъым, вакIуэ дыкъигъэхьэж закъуэ.

Пщым идакъым:

– Сэ си псалъэ тIэу жыIэкъым: шэщ схуэвмыщIауэ вакIуэ фыдэкIыу здэнукъым.
– Зы тхьэмахуэкIэ дыкъихьэжынущ вакIуэ, итIанэ пхуэтщIынщ.
– Сэ сыпщтэкъым, си псалъэр тIэу жыIэ хъууэ щытатэмэ. Си унафэр унафэщи, вгъэзащIэ!

ЛIыжьым зыхуэшыIэжакъым:

– Шэщыр пхуэтщIынщ, Щэуэтыкъуэ. Зы тхьэмахуэ дыгувэкIэ дылIэнкъым. Ауэ, зыгурыгъаIуэ, нобэ щыщIэдзауэ узибийщ: япэ дыщызэхуэзэ ди пIалъэщ. Тхьэ соIуэ, сыпфIэмыкIынкIэ, уэри, укъыспэлъэщмэ, укъысфIэмыкI!

Ар жиIэри лIыжьыр пщым и пщIантIэм къыдэкIыжащ. А тIур щызэпсалъэм зыми зэхихатэкъым. Пщым и унафэр унафэти, выр щIатIыкIыжри, Щэуэтыкъуэм шэщ хуащIащ, шэщыр щIын яухри губгъуэм ихьэжащ цIыхур. Куэдрэ пытынт – яухри, вакIуэ къихьэжащ.

Махуэ гуэрым пщы Щэуэтыкъуэ щакIуэ кIуащ. Пщым и закъуэт щакIуэ кIуэ зэрихабзэр. Хьэджафэжьыр и ужь иту дэкIыу щилъагъум, псалъэ зыта лIыжьыр кIэлъежьащ, и цей щIагъым фокIэщIыр щIигъапщкIуэри.
Пщым мэзыр куэдрэ къиущыхьагъэнщ. Лъагъуэ пхэнж гуэрым щызэIууащ пщы Щэуэтыкъуэмрэ лIыжьымрэ.

– Къауэ, Щэуэтыкъуэ! – жиIащ лIыжьым. – Си псалъэм сепцIыжынукъым. Япэ уэгъуэр узот.

Пщым и фIэщ хъуакъым:

– Делэ ухъуащ, лIыжь! Сыт узыхэтыр?!

– Сызыхэтыр уэ уощIэ! Дизыхэз щIым щIэмыхьауэ, къуажэм сыдыхьэжынкъым! Къауэ!

И фочыр узэда хьэзырти, пщым кIакхъур щIичащ, арщхьэкIэ лIыжьым къытехуакъым:

– Уэ уи псалъэ тIэу жыIэ пщIын уи жагъуэщ, сэри кIакхъур тIэу щIэсч си хабзэкъым!

ЛIыжьыр еуэри пщыр къригъэпсыхащ, бгъэдыхьэри и афэ джанэр къыщихащ, и пащIэкIэр къыпигъэхури и бгъэгущталъэм ирилъхьащ. Къежьэжрэ пэт я къуажэ лIит кърохьэлIэ.

– Флъэгъуа мыбдеж къыщыхъуар?

– Тлъэгъуащ, тхьэмадэ. Дэращ ар щIэпщIар…

Пщым и хьэдэр щIатIэри, щыри къежьэжащ.

Иужьым тхьэмадэм уэрэд иусыжри, шыкIэпшынэкIэ дежьууэ, лIыжьым абыкIэ зиумысыжащ.

Нартыгу и тхьэусыхэ

Ей-ей, ей жи, иджырей пщащэхэри

Ар щауэ къуданхэм кlэлъоплъри.

 Ей-ей, ей жи, дызыкlэлъыплъмэ,

Уой, адэ щlэиныншэ дахещlэри.

 Ей-ей, ей жи, сщlа псор жысlэжмэ,

Ей, мы лlыжь щхьэщытхъур къысфащlи.

 Ей-ей, ей жи, сэ си мыщlащхьэ,

Ей, пщы Щэуэтыкъуэри хэзгъащlи.

 Ей-ей, ей жи, си джатэ кlэщlри,

Ей, пщым и гущlыlум щызгъабзи.

 Ей-ей, ей жи, и бзэ дыджыжьри,

Ей, и хьэдэ лъапэмэ щlэстэжи.

 Ей-ей, ей жи, и афэ джанэри,

Ей, пхъуантэ фlыцlэжьмэ дэзгъахи.

 Ей-ей, ей жи, и пащlэгъуитlри,

Ей, си бгъэгущталъэмэ йогъухьи.

 Ей-ей, ей жи, и пщlэгъуэлэжьри,

Уой, хьэсэпэр ихъуурэ къэзгъани.

 Ей-ей, ей жи, и хьэджафитlри,

Ай, хьэдэ хъумэнымэ егъалlэ.

 Ей-ей, ей жи, солlапэ жысlэри,

Уой, си пхъэ пшынэжьри согъаджэ.

 Ей-ей, ей жи, си нэджэкъаджэмэ,

Уой, псы ныджэ пшахъуэр яубэ.

 Ей-ей, ей жи, сызыубынмэ,

Уар, махуэ и хьэдэ ирихи.

 Ей-ей, ей жи, сэ си щlалэгъуэмэ,

Уой, пщы Щэуэтыкъуэри хэзгъащlи.

Мы уэрэдыжьыр и щыхьэтщ адыгэм и щхьэм пщIэ хуищIыжу, уеблэмэ, пщы зытримыгъэгушхуэу, и щIыхьыр и гъащIэм япэ иригъэщу зэрыщытам.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.