КЪЭРАЛЫМ И IЭТАЩХЬЭМ КЪЫЗЭРИГЪЭУВАМ ТЕТУ

Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и унафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Пар­ламентым и президиумым и зи чэзу зэIущIэр. Депутатхэр абы щыхэплъащ Iуэху зэмылIэу­жьыгъуэу тIощIым нэблагъэм. 

Президиумым къыщащта унафэм ипкъ иткIэ КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэIущIэр гъатхэпэм и 23-м зэхуашэсынущ.
Депутатхэр тепсэлъыхьри, адэкIэ елэжьын ­папщIэ къащтащ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. 2023 гъэм мазаем и 21-м УФ-м и Фе­деральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэ­лъэгъуа Iуэху нэхъыщхьэхэр гъэзэщIэнымкIэ ­КъБР-м и Парламентым иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планым и проектыр. КъБР-м и Парла­ментым КIэлъыплъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым  къалэн щащIащ къыхалъхьа дагъуэ­-хэр къилъытэу а проектым елэжьыжыну икIи ­республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и органым и зэIущIэм къыщыхилъхьэну.
Президиумым и зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­федеральнэ закон зыбжанэм я проектхэм. Абы­-хэм ящыщщ «Урысей Федерацэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэныр къыщызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым УФ-м щIалэгъуалэ политикэр зэрыщыпхагъэкIыр егъэфIэкIуэным, апхуэдэу а законым и Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр гъэтэмэмыжыным хуэунэ­тIауэ халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр. Федеральнэ ­законхэм я адрей проектхэр яхуэгъэзащ щIыуэп­сым и щIыналъэу хэхауэ яхъумэхэм, хущхъуэхэм я рынокыр зэрызэблагъэкIым, нэгъуэщIхэми.
Парламентархэр тепсэлъыхьащ федеральнэ закон щхьэхуэхэм я проекту, законхэр къыдэгъэ­кIы­нымкIэ жэрдэму УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIыу къаIэрыхьахэм.
А псоми къадэкIуэу  президиумым хэтхэм къащтащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэм ящы­-щу зэфIэкI хэха къэзыгъэлъагъуэхэм КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр етыным теухуа унафэхэр.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI