И КУПЩIЭРАЩ НЭХЪЫЩХЬЭР

Махуэшхуэ псоми яхуэдэу Гъатхэпэм и 8-ми езым и тхыдэ иIэжщ нэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу. Абы гъуэгуанэшхуэ къикIуащ. Псори къыщежьар Нью-Йоркщ. Иджыпсту демократиемрэ захуагъэмрэ дуней псор хуэзыущиину хущIэкъу США-м а лъэхъэнэм гуащIэ­рыпсэухэр щысхьыншэу щагъэпщIылIырт. Псом хуэмыдэу гугъу ирагъэхьыр цIыхубзхэрт. Ауэрэ я гъащIэ хьэлъэр яхуэмыхьыж хъуащ. 1857 гъэм и гъатхэпэм Нью-Йорк и щэкI, вакъэ фабрикэхэм я лэ­жьакIуэ бзылъхугъэхэу щэхэр уэрамхэм дыхьащ сыхьэт 16 зи кIыхьагъ лэжьэгъуэ махуэмрэ езыхэм я ула­хуэхэр цIыхухъухэм иратым нэхърэ куэдкIэ зэры­нэхъ мащIэмрэ ямыдэу.
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ дэкIа иужь, 1908 гъэм, Нью-Йорк и щэкI зэIущапIэхэм я лэжьакIуэ цIыхубзхэу мин 15-м аргуэру зыкъаIэтащ лэжьэнымкIэ яIэ Iэмалхэр зэрыхьэлъэмкIэ мыарэзыуэ. Ауэрэ американ бзылъ­хугъэхэм къагъэлъэгъуа щапхъэр цIыху куэд зыхыхьа зэщIэхъееныгъэм хуэкIуащ. Абы и пашэ хъуащ коммунисткэ Цеткин Кларэ. Тхыдэтххэм къызэрыхагъэ­щымкIэ, абы псэембылэжу иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и фIыгъэщ ЦIыхубзхэм я махуэр зэрагъэувар.
Ар щхьэ хуагъэза гъатхэпэм и 8-м? 1910 гъэм Социалисткэхэм я ЕтIуанэ дунейпсо конференцу къэрал 17-м я лIыкIуэхэр зыхэтам Цеткин Кларэ къыщыхилъ­хьащ цIыхубзхэм цIыхухъухэм яхуэдэу хэхыныгъэхэм хэтынымкIэ хуитыныгъэ яIэным, ахэр дамыкъузэным щIэбэныным и махуэ ягъэуву ягъэлъэпIэну. Жэрдэмыр зэIущIэм хэта псоми даIыгъащ.
ЯпэщIыкIэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм а махуэр щагъэлъапIэр зэтехуэртэкъым: 1914 гъэм и гъатхэпэм европей къэралхэм я цIыхубзхэр къэуващ къэхъеинкIэ шынагъуэр къэблэгъа зауэр, милитаризмэр ямы­дэу. Иджы апхуэдэ Iуэху псори гъатхэпэм и 8-м ирагъэкIуэкIырт, 1857 гъэм лэжьакIуэ бзылъхугъэхэм а махуэм япэу зыкъаIэтауэ зэрыщытар ягу къагъэкIыжу. ЦIыхубзхэм я зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтт Урысейм щыщхэри. 1917 гъэм Петроград щекIуэкIа пэкIухэм, зэхыхьэхэм къалэнышхуэ щагъэзэщIащ цIыхубзхэми. Революцэр текIуа иужь, 1921 гъэм, Гъатхэпэм и 8-р ягъэлъапIэу щIадзащ зи гугъу тщIа пэкIухэм хэта цIыхубзхэр ягу къагъэкIыжу.
1966 гъэм СССР-м Гъатхэпэм и 8-р мылэжьэгъуэ махуэу щагъэуващ. Иджы ар лэжьакIуэхэм я мыза­къуэу, цыхубз псоми я зэхуэдэ гуфIэгъуэ хъуащ. Ауэрэ 1975 гъэм ООН-м гъатхэпэм и 8-р ЦIыхубзхэм  къэралхэм зэдай махуэу къилъытащ. Абы мыхьэнэшхуэ иIащ: 1979 гъэм къэралхэм я лIыкIуэ­хэм Iэ традзащ ЦIыхубзхэм я хуитыныгъэхэр гъэлъэхъшэным хуэгъэза лIэужьыгъуэ, псори гъэ­кIуэдыным теухуа конвенцэм. Абы щыщIэдзауэ ­гулъытэшхуэ хуащIыжакъым цIыхубзхэр цIыху­хъухэм хуитыныгъэхэмкIэ хуа­гъэдэным - мыхьэнэ иIэжтэкъым. Арати, гъатхэпэм и 8-р цIыхубзхэр ­щагъэлъапIэ, абыхэм я пщIэр щаIэт махуэм хуэ­кIуащ.
Мы зэманым ар гуфIэгъуэ ину щагъэлъапIэ къэрал 40-м щIигъум. Пэжу, зэреджэхэри зэтехуэркъым: языныкъуэ щIыналъэхэм ар ягъэлъапIэ Гъатхэм, бзылъхугъэ дахагъэм, унагъуэ лъапIэныгъэхэм я ­махуэу, адрейхэм нэгъуэщIу. АрщхьэкIэ зэреджэракъым нэхъыщхьэр, атIэ и купщIэрщ. ЖытIэнщи, ­СССР-р лъэлъэжа иужь совет махуэшхуэ куэд ягъэкIуэдыжами, гъатхэпэм и 8-р къэнащ. Абы къегъэлъагъуэ ди къэралым цIыхубзхэм щыхуащI пщIэр зэрылъагэр.

Шал Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.