Дохутырым насып егуэш

Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №1-м и дохутырщ, Гер­ниологхэм я «GREPA» ев­ропей ассоциацэм, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Доху­-тыр IэщIагъэм гуапагъэ хе­лъагъуэ, аращ зэгуэр  абы хуеджэну игу щIрилъ­хьауэ щытар. Залым и IэщIагъэр цIыхум и гуп­сысэкIэр зыкъомкIэ зып­сыхьщ. Абы епха и щэхухэм, гугъуу хэлъхэм, фIыуэ ­щIилъагъум теу­хуауэ деп­сэлъащи, ди ­гуапэу дывдогуашэ.

- Залым, сыт щыгъуэ япэу «дохутыр сыхъуну сыхуейщ» щыжыпIар?
- Дохутыр сыхъуну сызэ­рыхуейр пасэу къызгурIуауэ щытащ - 8-нэ классым сы­щыщIэсым. Сыт къы­зы­хэкIар жыпIэмэ, сщIэркъым. Сызэ­рыцIыкIурэ си адэ-анэм къысхалъхьащ цIыхум сэбэп сахуэхъун зэрыхуейр - абы псэр зыгъэхуабэ къару гуэр зэ­рыхэлъыр зыхызощIэ. Ап­хуэдэ гупсысэм изопх дохутыр IэщIагъэр мурад схуэхъуауэ щIыщытар. Сэ­бэп ­ухъуххэнумэ, удоху­ты­рыным Iэмал къует.
- ЩIэныгъэ щызэбгъэ­гъуэтар дэнэ? Еджэныр ­гугъу? 
- ЩIэныгъэ щызэзгъэ­гъуэтащ медицинэмкIэ Саратов дэт къэрал университетым. Щыпысщащ Къэ­бэрдей-­Балъкъэр университетым ме­дицинэмкIэ и къудамэм. Гугъущ медицинэм ухуеджэну. ЩIэныгъэм теухуауэ жэ­уап зэ­рыпхьыр зэпымыууэ уи щхьэм илъщи, ущхьэхынкIэ е тхылъыр Iэпэдэгъэлэл пщIынкIэ Iэмал иIэкъым. ­Гугъу щхьэкIи, гъэ­щIэ­гъуэнщ. ПсэкIэ къыхэпха IэщIагъэм епха псоми узыIэпешэ - ­ухуейкъым укъэу­выIэжыну. АтIэ, хэб­гъэ­хъуэну уопабгъэ. Ара­-щи, мыр гурэ псэкIэ уте­­мыгуш­хуамэ, IэщIагъэ пхуэ­хъу­нукъым. Студент ­гъащIэм епха гукъэкIыж ­гуапэхэри куэд и уасэщ си дежкIэ… 
Дохутырым зэпымыууэ и щIэ­ныгъэм хигъэхъуэн хуейщ.­ Ар нэсу къигъэ­сэ­бэпыфрэ и гурэ и щхьэрэ зэтелъмэ, сымаджэм ­те­гуш­хуауэ бгъэдыхьэ­фынущ, и узыр щхьэщи­-хыфынущ. Армырамэ, ­ме­дицинэм ущIы­хэтын ­щы­Iэкъым. Сэбэп ущы­мыхъуфынум деж, зэрани умыхъумэ нэхъыфIщ жы­хуэсIэщ.
- Дохутырым нэхъыщ­хьэу сыт хуэдэ щэн хэ­лъыпхъэ?
- Дохутырым гущIэгъу хэ­лъын хуейуэ си гугъэщ, япэ­рауэ. Сымаджэм и гуны­къуэгъуэр зыхищIэн, абы и гукъыдэжым езыри зэры­хэлIы­фIыхьыфынур къыгурыIуэн хуейщ. Зыкъом елъытауэ си гугъэщ сымаджэм узэрепсалъэ къудейми - псалъэ гуапэми зи ­хущхъуэгъуэ къыхэкI щы­Iэщ. Iэмал закъуи иIэкъым дохутырым сымаджэр къулеягърэ благъагъкIэ зэхи­дзыну. Дэтхэнэри и зэ­хуэ­дэщ, дэтхэнэми и щхьэр ­кърихьэлIащ. 
- Сыт уи IэщIагъэр фIы­уэ плъагъуным хэлъ щэ­хур?
- Щэхууи щэхукъым…Сэ згъэ­хъужам и нэкIум кърих ­гуфIэгъуэрщ си IэщIагъэм нэхъ гурыфIэгъуэшхуэу хэ­лъыр. ЦIыхум нэхъыщхьэ ды­дэу иIэр узыншагъэщ. АтIэ узыншагъэм теухуауэ зыгуэ­рым гупсэхугъуэ зэ­репты­фым псэр зэригъэн­щIыжыр сыту куэд и уасэ! Абдежым зы­хэпщIэр пху­рокъу узэры­дохутырым ­уринасыпыфIэну. 
- Гугъуехьхэм я гугъу пщIы­мэ…
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ сэбэп дыхуэмыхъу­жыфыну уз хэтIэса зиIи къыщыкIуэ щыIэщ. Ап­хуэдэм дыдэIэпыкъуну Iэмал дыщимыIэрщ ди гур щыхэщIыр. 
- Зэпымыууэ медици­нэмкIэ зэхьэзэхуэхэм, щIэ­н­Iуа­тэхэм ухэтщ…
- Илъэсым къриубыдэу зыб­жанэрэ хирургием теу­хуа дунейпсо конференцхэм ­докIуэ. МедицинэмкIэ нэхъ лъэщ дыдэу къыщалъытэхэм уедэIуэным куэ­дым ухуегъа­сэ. Медицинэм зеужь. А зыу­жьыкIэм зэ­пымыууэ ущы­гъуэ­зэным­кIэ, IэщIагъэм ­куууэ ухэ­тынымкIэ конференцэхэр хуабжьу сэбэпщ. Лэ­жьыгъэ IуэхукIэ дежьа нэужь, зы­рыдогъэхьэлIэ медицинэм теухуа къэхутэныгъэ щIэ­щыгъуэхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэхэм. Иджыблагъэ, псалъэм щхьэкIэ, Эндоскопиемрэ хирургиемкIэ Москва ще­кIуэкIа дуней­-псо фести­валь дыщыIащ. ЖыпIэнурамэ, си IэщIагъэм нэхъри пэгъунэгъу сыхуэхъуауэ сы­къе­кIуэ­лIэ­жащ. 
- ГъащIэм щапхъэ щып­хуэхъур хэт?
- Си гугъэщ дэтхэнэ ­цIыхуми япэ дыдэу щапхъэ хуэхъур и адэ-анэрауэ. Ахэращ си хьэл-щэным, ехъу­лIэныгъэхэм, гъащIэ хъу­жым хузи­Iэ еп­лъы­кIэхэм ­теухуауэ псом япэ фIыщIэ зыхуэсщIыр. Я цIэр къис­Iуэну си гуапэщ IэщIагъэ схуэхъуам хэсча лъэба­къуэхэм щапхъэрэ чэнджэщкIэ сыте­зы­гъэ­гуш­хуа, гъуэгугъэлъагъуэ схуэ­хъуа егъэджакIуэхэм. ­КъБР-м узын­шагъэр хъу­мэ­нымкIэ и министр ­Къалэбатэ Рус­там, ди сымаджэщым и хирург нэхъыщхьэ Бахъсэ­нокъуэ ­Залым, хирургиемкIэ къудамэм и унафэщI Дадэ Алим. ГуащIэшхуэ ирахьэ­лIащ абыхэм я щIэ­ныгъэмкIэ къыддэгуэшэн папщIэ. 
- Сабиигъуэм пхэлъа хьэл-щэнхэм щыщ балигъ гъащIэм къыздэпхьа?
- СыщыцIыкIум егъэлея­-уэ сыдрийпсрийуэ сы­щытащ, сыпсынщIащэт. Иджып­сту а псынщIагъэм щыщ зыри схэ­лъыж си ­гугъэкъым - сабиигъуэм зыщызгъэнщIри, балигъ гъащIэм зэпIэзэрыту сыкъыхыхьауэ жыпIэ хъунущ. 
- Насыпыр сыт?
- Насыпыр фIыуэ плъа­гъухэр узыншэнырщ!
- Тхьэм а насыпыр уиIэу уигъэпсэу! 
Епсэлъар
ГУГЪУЭТ  Заремэщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг