ТЕКIУЭНЫГЪЭ КЪАХЬАЩ

Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм ушу спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионатрэ бжьыпэр убыдынымкIэ къэрал зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Ростов областым, Адыгейм, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ спортсмени 130-рэ.

Зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ икIи ехъу­лIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьы­щIэхэм. Ди щIыналъэм икIа гупым къахьащ дыщэ медалу пщIы, дыжьыну тIу, домбеякъыу зы. 
НыбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуащ къуэкIыпIэ спорт гъуазджэм и лIэужьыгъуитI­кIэ: къызэрыгуэкI ушурэ (Iэщэ яIыгъыуи ямыIыгъыуи) туйшойкIэ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхэплъхьэжмэ,  ди щIалэхэм республикэм и пщIэр къаIэтащ. Апхуэдэу зэхьэзэхуэм текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ Нэгъуей Дамир (зы дыщэ медалрэ зы домбеякъ медалрэ), Газаевэ Алимэ (дыщэ медалу щы), Газаев Алий (дыщэ медалу тIу, зы домбеякъ медаль), Газаевэ Хьэлимэт (дыщэ медалу плIы), Чабановэ Ренатэ (зы дыщэ ме­далрэ дыжьыну тIурэ).
Спортсмен ныбжьыщIэхэр егъасэ Къарэ­мырзэ Заурбэч. Къыхэдгъэщынщи, мы тренерым и нэIэ щIэт ныбжьыщIэхэм мыр я япэ текIуэныгъэкъым. НэхъапэкIи гуп зэхьэзэхуэ­хэм къыщыхэжаныкIащ. Апхуэдэу, нэгъабэ и мэкъуауэгъуэм Шинкевич А. и фэеплъу къызэрагъэпэща, ушу лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаубыдауэ щытащ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.