ТIЫБГЭ И IЭШЭЛЪАШЭМ

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ Iуащхьэр Адыгэ Республикэм и бгыщхьэхэмкIэ щыIэщ. Метр 3064-рэ и лъагагъщ. Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и щIыналъэм хохьэ. Нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ къыщыхэхуэж МэлкIапэ псы бгъунж цIыкIур къыщежьэхэмкIэ щыIэщ. ТIыбгэ и бгъуапIэу и нэхъ IуплъапIэр Мейкъуапэ удэту уолъагъу.

Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, щIыпIэцIэр адыгэбзэм хэт псалъэхэу «тIы», «бгы» - хэм къатехъукIащ. КърагъэкIри «тIыхэм я лъагапIэ», «тIыхэм я шытх», «тIы кIапэм хуэдэу кIэщI» мыхьэнэхэр аращ, езы Iуащхьэмрэ абы къедза шытхымрэ къурш бжэнхэм я зекIуапIэу ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщытым къыхэкIыу.

Къыхэгъэщыпхъэщ, фIэщыгъэр абазэбзэмрэ убыхыбзэмрэ «зызыубгъуа» мыхьэнэм хуэкIуэу хэт къэпсэлъыкIэхэм хуэкIуэу къэзылъытэхэри зэрыщыIэр, езы бгыр ищхьэхэмкIэ зэкIэщIэкIуэтауэ зэрыщытым къыхэкIыу.

Iуащхьэр Кавказ биосферэ мэзкъуэдым и щIыналъэм зэритым а лъэныкъуэмкIэ альпинистрэ туристу щызекIуэм я бжыгъэр куэду егъэмащIэ. Ар и зы щхьэусыгъуэщ адрей лъагапIэхэм уахуэзышэ лъагъуэхэм узыщрихьэлIэ зыгъэпсэхупIэ зыкъизыххэм хуэдэ мы щIыпIэм зэрыщумылъагъум. ЩыIэр мэзхъумэхэм я унэ цIыкIу зыбжанэу гъуэгум узыщыхуэзэрщ.

ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Адыгэ Республикэм и Iуащхьэ нэхъ лъагэхэм ящыщу ТIыбгэ зи фIэщыгъэр къэбгъэIурыщIэныр адрейхэм елъытауэ куэдкIэ нэхъ тыншщ. Ауэ щыхъукIэ, ар зэбгъэхъулIэн щхьэкIэ, альпинистхэм зэрахьэ Iэмэпсымэхэм хуэдэ ухуейкъым.

ТIыбгэ дэкI туристхэм хаша лъагъуэхэм ящыщу нэхъ щызекIуэгъуафIэу ябжыр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм зыщизыгъэзэгъа Гъуазэрыплъ къуажэ цIыкIум укъыдэкIыу, псышхуэм телъ лъэмыжым узэпрыкIрэ «Кавказ» турбазэм ухуэкIуэжу, МэлкIапэ псыр къыщыщIидзэхэмкIэ бунэтIыжмэщ.

Мыбдежым ущытохьэ Iэбагъуэ хъупIэм ухуэзышэ лъагъуэу зи кIыхьагъыр километр 11-м нэблагъэм. Ар къызэнэкIыным туристхэм, я нэхъ мащIэрауэ, ику иту, сыхьэти 6-м къыщыщIэдзауэ сыхьэти 8-м нэблагъэ ирагъэхь.

ХъупIэм и нэзым узэрихутэу, зэуэ уи нэгу къыщIоувэ ТIыбгэрэ Iэбагъуэрэ я щыгу щхьэщыIэтыкIахэм къакIэрыщхьэхукIыу зыкъезыгъэзыхыжа джабэ нэкIухэм я тхыцIэжьхэри, МэлкIапэ зэрызэхэлъэдэж псы къуэпсхэр къызыдэнэхукI къуэ куу цIыкIухэри, мэзкъуэдым и хъумакIуэхэм я хэщIапIэу лъэныкъуэкIэ къыщыIэгъуа унэ закъуэри.

АдэкIэ ТIыбгэ и щыгум уихьэну уи мурадмэ, къурш бжэнхэм щыхаша лъагъуэу адэкIэ-мыдэкIэ къыщылъагъуэхэм, туристхэм зэрагъэунэхуауэ, утемыкIмэ нэхъыфIщ. Езы псэущхьэхэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, абдежым зыкъыщыппэщIагъэхуэнукъым, гъуазэу я Iэтащхьэм гу къызэрыплъитэу ахэр псынщIэ дыдэу лъэныкъуэкIэ Iуишынущи.

Мыри гъэщIэгъуэнщ. Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, Адыгэ Республикэм имызакъуэу, КъухьэпIэ Кавказ псом туризмэм зыщиужьын щыщIидза лъэхъэнэм (1936 гъэм къыщыщIэдзауэ), япэ дыдэу къыщагъэунэхуауэ щыта лъагъуэщ ТIыбгэ бгым ублэзышу Сочэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Къуэбыдэ (Кбаадэ) щIыпIэ телъыджэм ухуэзышэу щыIар.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.03.2023 - 11:03

Щыпсэуа унэм и блыным

Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрамым и пэщIэдзэм деж гъубж махуэм цIыху гупыш­хуэ щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт къулыкъущIэхэр, жу­р­налистхэр, Къардэн лъэп­­къым щыщхэр, нэ­гъуэщI­хэри.

24.03.2023 - 09:03

Къашыргъэ Мадинэ и пшыхь

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуа­пIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и япэ профессиональнэ пшынауэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Лъэпкъ творчествэм зэрызригъэужьым папщIэ Урысей Федерацэ

24.03.2023 - 09:03

Сабий тхылъым и тхьэмахуэр ирагъажьэ

Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гъатхэпэм и 20-м къыщызэIуахащ Сабий тхы­лъым и тхьэмахуэ.

24.03.2023 - 09:03

Джатэм и щIагъи пэжыр щыжыIэ

Адыгэ сэшхуэм япэ ды­дэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм теухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам.

23.03.2023 - 08:52

Узыншагъэр, егъэджэныгъэр...

КIуэкIуэ Казбек яхуэ­защ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм, лэжьакIуэ пэрытхэм.