ГУЭЛ ГЪУЩЭМ И ЩЭХУР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къулейщ щIыпIэ дахэхэмрэ телъыджэхэмкIэ. Абыхэм ящыщщ гуэл ЩхъуантIэ цIэрыIуэхэр. Ахэр тхууэ зэхэтщ, щхьэж езым и теплъэрэ и зэхэлъыкIэрэ иIэжу: Ищхъэрэ гуэл, Ипщэ гуэлитI, гуэл Гъущэ, гуэл Щэху жиIэу.
Ищхъэрэ гуэлыр къащхъуэ-удзыфафэщ, сытым дежи градуси 9,3-рэ и хуабагъщ, балъкъэрхэм абы щхьэкIэ «Черек-Кёль» жаIэ, гуэл фа кърагъэкIыу. Сыту жыпIэмэ, абы сероводород куэду зэрыхэлъым щхьэкIэ, джэдыкIэ фырымэ къыхеху. Абы метр 292-рэ и куууагъщ, дунейм нэхъ куу дыдэу тет гуэлхэм ящыщщ. Ищхъэрэ гуэлым и куууагъым теухуауэ дайверхэр нобэр къыздэсым зодауэ, сыту жыпIэмэ, щхьэж зэрехам теухуауэщ зэритхыр, армыхъумэ гуэлым и щIэ дыдэр здынэсыр къахуэхутакъэм иджыри къэс.
Ищхъэрэ гуэлым къуэкIыпIэмкIэ къыбгъурытщ гуэл Гъущэ (Кёль Кетчхен) жыхуаIэр. Мыдрей гуэлиплIым хуэдэу и цIэр ирамыIуэрейми, мы тхыгъэр зытеухуэжар аращ. Хъыбарыжьхэм къазэрыхэщыжымкIэ, пасэрей зэманым гуэл Гъущэм и пIэм псы къабзэ итащ. Ауэ, зэгуэр, щIыр хъеящ бгыжьхэр игъэзджызджу, икIи гуэлыр игъущыкIауэ нэху къекIащ. НобэкIэ ар метри I77-кIэ ех кумбщ, метри 5 зи куууагъ псы метр зэбгъузэнатIэ 2500-рэ иту. Мыдрей гуэл изхэм елъытауэ, Гъущэр гъэжалъэ абрагъуэу къыпщохъу. Арами, абыи Iэмал къыхуагупсысащ – туристхэр кумбым йопкIэ.
ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ Кель-Кетчхен гъэщIэгъуэн дыдэми, къэхутакIуэхэр абы щылэжьэну дзыхьщIыгъуэджэщ. Сыту жыпIэмэ, абы и щIэм уехын папщIэ Iэмэпсымэ ухуэныкъуэщ, къэпщытэныгъэхэр зэребгъэкIуэкIыну техникэр здехьэхыпхъэщ, узыншагъэкIи ухуэхьэзырын хуейщ. Аращи, «гъэжалъэм» теухуауэ алъандэрэ тщIар мащIэ дыдэщ: метр 2I3-рэ и бгъуагъщ, метри I77-рэ и куууагъщ. Илъэс 90-м щIигъукIэ къекIуэкIащ апхуэдэу, биологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и лэжьакIуэ ХьэтIыхъу Аубэчыр гуэл Гъущэм ехыху!
ХьэтIыхъум и жардэмкIэ КъБКъУ-м ЩIэныгъэмкIэ и къудамэм къызэригъэпэщауэ щытащ 20I8 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 27-м екIуэкIа экспедицэр. Аубэчыр метри I77-кIэ ехри, гуэл Гъущэм хьэфэ кхъуафэжьейкIэ тетащ, абы и псым, ятIэм, ар зэрыт бгы гъуанэм щыщ къыдрихьейри, иджащ.
МБС-I бинокуляры, Биомед-5 микроскопыр, Богоровым и камерэр къигъэсэбэпурэ, ХьэтIыхъум къихутащ гуэлым и зэхэлъыкIэр. КъищынэмыщIауэ, гуэлым и Iуфэлъафэм къыщищыпа удз лъэужьыгъуэхэр игъэгъури, къихута псоми щIыгъуу КъБКъУ-м и Музеим щIилъхьэжащ.
Къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, гуэл Гъущэм и щIэм щIэзщ бгым къещэщэха мывэхэмрэ пшахъуэмрэ. Езы кумбыр инми, псыр мащIэ дыдэщ. Ари зэщIэкIащи, занщIэу къыпхуэлъагъуркъым. Гуэл Iуфэм къыщокI бзииху, лIыжьгъэгуфIэ, бэрэжьей тIупI, пэлъыркъиху, мэзбзий, нэгъуэщIхэри.
ХьэтIыхъум къызэрихутамкIэ, гуэлым и зэхэтыкIэм зехъуэж уэшхыпсымрэ мылыпсымрэ къыщыхэлъадэкIэ. Абы хэсщ хьэмбылу зэмылIэужьыгъуэ куэд, пкIауэхэм, цIывхэм джэдыкIэ щагъэIылъ, Ланц и тритон жыхуаIэр хэсщ.
Гуэл Iуфэм метри 8-кIэ пэжыжьэу, языныкъуэ щIыпIэхэм деж псым метри 7 и куууагъщ. ХьэтIыхъум зэрыжиIэмкIэ, метр II,8-рэ куууагъ ирихьэлIащ, гуэлым и курыкупсым нэхъ хуэзэу. Ар щыхьэт тохъуэ гуэлым и зэхэлъыкIэмрэ и куууагъымрэ уэшхыпсым зэрелъытам.
Псым градус 22-I9 и хуабагъщ, сантиметр 40-кIэ хуиту укIуэцIроплъ. ЯпэщIыкIэ ар зыми къыхэкI-хэлъэдэжу къахуэхутакъым. Ауэ жьыхулъатэм триха сурэтхэм тепщIыхьмэ, псыщхьэм пэзанщIэу бгым бгъуэнщIагъ иIэщ. Мис абыкIэ псы хуабэ къыщIожри, гуэлым холъадэ. Аубэчыр зэрыхуигъэфащэмкIэ, гуэлым псыр икIуэсыкIыркъым. Бахъэ зэрыщхьэщымытым тепщIыхьмэ, ар бгы гъуанэхэм, зэгуэтхъыпIэхэм икIуадэу арагъэнущ. Сыту жыпIэмэ, ХьэтIыхъур псыщхьэм щытетым, абы зэрыхэIэбэ, къэпщытэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкI Iэмэпсымэхэр псым IэщIихырт, кхъуафэжьейри лъэныкъуэкIэ ирихьэкIырт. Ар щыхьэт тохъуэ гуэлым ит псыр, къару щIэлъу, зыщIыпIэ зэрыкIуэжым. ЩIэныгъэлIым зэрыхуигъэфащэмкIэ, гуэл Щэхум псы къыщIожри, гуэл Гъущэм къыхолъадэ, щIэжыпIэ гуэрхэмкIи Ищхъэрэ гуэлым холъэдэж.
Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжым хуэдэу, гуэл Гъущэр зэгуэр щызу щытауэ къыщIэкIынущ. Ар зэрыкIуэдам гъэщIэгъуэн гуэри хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, ди щIыпIэм щыкуэдщ псым щIилъэсыкIа бгылъэхэр. Ар щIыуэпсым къыщекIуэкI Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ ХьэтIыхъум иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр Лондон щекIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэм зэрыщагъэлъэгъуар, Аубэчыр иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм, щIэныгъэм хуищIа къэхутэныгъэхэм папщIэ дыщэ медаль къызэрыщыхуагъэфэщар.
Сурэтхэр ХьэтIыхъу Аубэчыр ейщ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.