ШЕЙ ПЩТЫРКIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм, жылагъуэм, муниципалитетым я лIыкIуэхэмрэ волонтёрхэмрэ машинэхэм гъэсыныпхъэ щрагъахъуэ щIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщащ шынагъуэншагъэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэхэр.  

Iуэхур къезыхьэжьахэм «Шоферыр шейм игъэхуэбэнущ!» къыхуеджэныгъэм щIэту егуэпащ Май районым руль щызыIыгъхэм.

Къэрал Автоиснпекцэм и лэжьакIуэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэмрэ шоферхэм зыхуагъэзащ, Урысей МВД-м Май районым щиIэ къудамэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу Портниковэ Юлие, Подковыровэ Кристинэрэ Пуртовэ Юлиерэ, волонтерхэр, щIалэгъуалэ советым хэтхэр, Май районым и администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр ящIыгъуу.

Районым и автозаправкэхэм волонтерхэм рулым дэсхэм жраIащ чэфу авторанспортыр зебгъакIуэмэ кърикIуэнухэр, къыхагъэщащ езы шоферым и гъащIэмрэ узыншагъэмрэ имызакъуэу, гъуэгум тет адрейхэмкIи зэрышынагъуэр.

Акцэм хэтхэм щIымахуэ щIыIэм шей пщтыркIэ загъэхуэбэну хуагъэлъагъуэри шофер пщIы бжыгъэхэр абы ирагъэфащ.

Iуэхум хэтахэм волонтерхэмрэ полицейхэмрэ фIыщIэ хуащIащ апхуэдэ гулъытэм папщIэ икIи къагъэгугъащ сытым деж Гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэм тетыну.

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я