|
КЪБР-М И КОМАНДЭ КЪЫХЭХАМ И ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ
29 января, 2023 - 06:25
Атлетикэ псынщIэ
Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионат Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Спортсмен 200-м щIигъу зыхэта зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэ къыхэхам и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ.
Олимп джэгухэм я чемпион Ласицкене Марие и цIэр зезыхьэ, Олимп джэгухэм хэтыфыну щIалэгъуалэр щагъэхьэзыр еджапIэм атлетикэ псынщIэмкIэ и гъэсэнхэм увыпIэ нэхъыщхьэхэр яубыдащ.
Апхуэдэу, япэ увыпIэр къахьащ Ахъмэт Хьэсэн, Хирьянов Даниил, Дмитриев Георгий сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Руденкэ Семён, Халинэ Викторие, Уэзрокъуэ Роман, Виндюков Эдуард, Тхай Дарье сымэ. Швецовэ Лейла ещанэщ.
НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
|
|
22.04.2025 - 10:22 Хуэныкъуэхэм е унагъуэ хуэмыщIахэм зэгурыIуэныгъэкIэ къэралым зэрызащIигъакъуэ Iэмалыр зэрырагъэфIакIуэм теухуауэ щытащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр х |
|
|
22.04.2025 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм. |
|
|
22.04.2025 - 09:13 ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ». |
|
|
21.04.2025 - 12:00 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэрызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. |
|
|
21.04.2025 - 09:01 НыбжьыщIэхэр зэпоуэ
|
|