ЩАПХЪЭ ЗЫТРАХ УНАГЪУЭ

Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ «Илъэсым и унагъуэ-2022» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа, Къармэхьэблэ къуажэм щыщ Багъхэ Русланрэ Iэсиятрэ я унагъуэр.
Къэралыр ефIэкIуэнымрэ зэIузэпэщ хъунымрэ унагъуэм и деж щыщIедзэ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ зэгурыIуэ, пщIэ-нэмыс зэрылъ Багъхэ я унагъуэ дахэр. Руслан илъэс куэдкIэ хэлъхьэныгъэ хуищIащ республикэм и гъуэгухэр егъэфIэкIуэным. Мы зэманым ар пенсэм тIысыжауэ зегъэпсэху. КъБКъУ-м и педучилищэр къэзыуха Iэсият зыщыщ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Совхознэ къуажэм I988 гъэм егъэджакIуэу игъэзэжат. Лэжьэн щIидза къудейуэ, унагъуэ хъури, Къармэхьэблэ къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ хъуащ икIи ноби ар пэрытщ фIыуэ илъагъу IэщIагъэм.
 ЩIэблэм я къэкIуэнум гукIи псэкIи хуэлажьэ бзылъхугъэм курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм зэрыкIуэрэ и егъэджакIуэр и щапхъэу къекIуэкIащ. Iэсият унэм кIуэжа нэужь, унагъуэм щIэсхэр къригъэтIысэкIырти темэщIэр яжриIэжырт. И адэ Къаскъул Володэрэ и анэ СэIихьэтрэ абы щыгъуэ гу лъатат абы егъэджакIуэфI къызэрыхэкIынур. Арауэ къыщIэкIынущ зыхуеджэну IэщIагъэр къыщыхихым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари. Iэсият ипэкIэ зэрыплъэм, и гъэсэнхэм гудзакъэ зэрахуиIэм, абыхэм я пщэдейм зэригъэгузавэм и щыхьэтщ курыт еджапIэр къыщаухкIэ адэкIэ зыхуеджэну IэщIагъэм теухуа чэнджэщхэр зэраритыр.
- Пасэм егъэджакIуэм иIа пщIэр нобэ иIэжкъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Дауэ хъуми, иджыри къытезгъэзэжу IэщIагъэ къыхэсхыну Iэмал сиIамэ, си лэжьыгъэр схъуэжынутэкъым. Мы дунейм зы IэщIагъэфI щыIэмэ, егъэджакIуэ IэщIагъэр абы ящыщщ, ауэ цIыкIухэр фIыуэ умылъагъуу уахэтыфынукъым. Сабийхэм си сабиигъуэм сыхашэж, абыхэм урагъусэу зэи жьы ухъунукъым. ЦIыкIухэм яхэплъхьэ гъэсэныгъэр, Iущыгъэр, ущийр лъэужьыншэу хъуркъым. Ар зэман дэкIа нэужь, уи гъэсэнхэм зэрадэплъагъужыр гуапэщ, - жеIэ Iэсият. - Си еджакIуэхэр республикэпсо, урысейпсо зэпеуэхэм пашэ щыщыхъукIэ, фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр къыщысхуагъэфащэкIэ - дамэ къыстокIэ. Си еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ я адэ-анэхэм ядызогуэш.
Iэсият икIи усэхэмрэ уэрэдхэмрэ етх. Къэгъэзэж Iэниуар игъэзащIэ, Давид Риммэ макъамэ зыщIилъхьа «Зэрыджэ плъыжь» уэрэдри аращ зи Iэдакъэ къыщIэкIари. Иджыблагъэ Iэсият тхылъитI къыдигъэкIащ сабийхэм папщIэ усэхэр щызэхуэхьэсауэ. ПэщIэдзэ классхэм адыгэбзэр щызыдж цIыкIухэм анэдэлъхубзэр къегугъуэкI зэрыхъуам къыхэкIыу абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу «Ди Iэзидэ мадэ», «Хьэрф зэгуэтхэри мэпсалъэ» тхылъхэр нэгъабэ къыдигъэкIащ. Джэгу щIыкIэм тету адыгэ алыфбейр, хьэрф зэгуэтхэр, гъэм и зэманхэр, тхьэмахуэм хыхьэ махуэцIэхэр, мазэцIэхэр Iэсият еджакIуэхэм ярегъэцIыху. Сабий гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIухэр унэми садми урысыбзэкIэ нэхъыбэу зэрыщыпсалъэм, таурыхъхэм урысыбзэкIэ зэреплъым къыхэкIыу ди хьэрф зэгуэтхэмрэ адыгэбзэкIэ псэлъэнымрэ абыхэм къегугъуэкI зэрыхъуарщ а лэжьыгъэхэм и ужь щIихьар. Адыгэбзэм еджакIуэхэр дегъэхьэхынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ Iэсият и лэжьыгъэхэм. Аращ ахэр республикэм и сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ къыщIагъэсэбэпыр. Дохутыр БищIо ХьэIишэт фIыщIэ хуещI и етIуанэ тхылъыр къыдигъэкIынымкIэ зэрызыкъыщIигъэкъуам папщIэ. АбыкIэ яхуэупсащ и гъэсэнхэм, сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ екIуалIэхэм, ныбжьыщIэхэм.
Багъ Iэсият Интернет сайтым къыщызэригъэпэща «ХьэщIэщ», Иорданием щыщ адыгэ, генерал Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд и «Ди бзэ-ди псэ» лъэпкъ гуп дахэхэр егъэлажьэ. Абыхэм яхэтщ гъунэгъу республикэхэм, хамэ къэралхэм (Тыркум, Сирием, Иорданием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм) щыпсэу, анэдэлъхубзэр зыгъэшэрыуэ ди лъэпкъэгъухэр. А напэкIуэцIхэм гулъытэ щыхуащI цIыху цIэрыIуэхэм, щэджащэхэм, гулъытэ зыхуэфащэхэм, анэдэлъхубзэм, лъэпкъ Iущыгъэхэм, хабзэхэм, псалъэжьхэм. Нэхъыщхьэращи, а гуп гуапэхэр сэбэп мэхъу дуней псом щыпсэу адыгэхэр зэрыцIыхунымкIэ, зэрыщIэнымкIэ, я зэпыщIэныгъэр ягъэбыдэнымкIэ.
Зэрызэдэпсэурэ мы гъэм илъэс 34-рэ ирикъуа Багъ зэщхьэгъусэхэм къуищ – Аслъэн, Адмир, Альберт - сымэ къащIэхъуащ. Зэкъуэшищми щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ, КъБКъУ-м и спорт къудамэр къаухащ. Аслъэн къуажэдэс ныбжьыщIэр футболым хуегъасэ. Адмир мафIэсгъэункIыфI IэнатIэм Iутщ. Альберт фермерщ, Iэщышхуэ зэрехуэ. Быным я нэхъыжь Аслъэнрэ Адмиррэ унагъуэ хъужащ. Адэшхуэ-анэшхуэм я плъапIэр я къуэрылъху Айланэ, Рианэ, Дамир цIыкIу сымэщ. Айланэ цIыкIу дахагъэмкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и вице-мисс», «Мисс Россия Интернет-202I» зэпеуэхэм хэтащ икIи къыхэжаныкIащ.
- Илъэс куэдкIэ дыздэлэжьащ Iэсият сэрэ. Зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ етауэ пэрыт бзылъхугъэм ар къызэрехъулIэр нэрылъагъущ. И гъэсэнхэри, адэ-анэхэри, лэжьэгъухэри къыхуэарэзыщ, - жеIэ егъэджакIуэ Шэру Светланэ. – И унагъуэм и гугъу пщIымэ, Русланрэ Iэсиятрэ я бынищми хьэл-щэн дахэ ядыболъагъу. Зыпэрыувэ сыт хуэдэ Iуэхури щIалэхэм зэфIахыфу апхуэдэщ. Хъуэпсэгъуэщ абыхэм я адэ-анэм хуащI пщIэ-нэмысымрэ гулъытэмрэ укIэлъыплъыну.
- Къармэхьэблэ къуажэ администрацэм и лэжьакIуэ Хьэмыкъуэ Масирэт къэпсалъэу районым и унагъуэ зэпеуэм дыхыхьэну нэгъабэ къыщытхуигъэлъагъуэм, арэзы дытехъуатэкъым. Мы гъэми къэпсалъэу тхуэфащэу щыжиIэм, тIэкIу дыкъыкIэрыхуами, тхылъхэр щепт хъуну пIалъэр зэрагъэIэпхъуам къыхэкIыу, псынщIэу махуитIым и кIуэцIкIэ згъэхьэзырыжри, дыхыхьа хъуащ. Унагъуэм исхэм я IуэхущIафэхэм, лэжьыгъэхэм, ехъулIэныгъэхэм кIэщIу дытепсэлъыхьащ, дакъикъитI хъу видеоролик щIыгъуу. Тхылъхэр япэщIыкIэ районым, иужькIэ республикэм едгъэхьащ, - жеIэ Iэсият. – Дымыплъэхэу, зэрымыщIэкIэ ди насып кърихьэкIащ. Зэпеуэр лIэужьыгъуитху хъурти, дэ дызыхэт а «Къуажэ унагъуэ» жыхуиIэм пашэ дызэрыщыхъуам теухуа хъыбар гуапэр къытIэрыхьащ. ИужькIэ урысейпсо Iыхьэм дыхагъэхьэри, абыи япэ увыпIэр къыщытхьащ.
Нэхъ пасэм унагъуэм иIа пщIэмрэ мыхьэнэмрэ нобэ зэрыкIэрыхур ди нэгу щIокI, ди жагъуэ зэрыхъущи. Иджырей щIалэгъуалэм яухуэ унагъуэхэм я Iуэху зэIумыбзхэм, ахэр нэхъыбэу щIызыбгъэдэкIыж щхьэусыгъуэхэм ящыщу Iэсият къегъэлъагъуэ лъапIэныгъэхэм иужь зэманым зэрызихъуэжар. Нэхъапэм цIыхубзхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытахэм иджы зэхъуэкIыныгъэ зэригъуэтар, бзылъхугъэхэм мылъку къэлэжьыныр япэ ирагъэщ зэрыхъуар долъагъу. ЦIыхухъухэм лэжьыгъэ IэнатIэ зэрамыIэм къыхэкIыу, унэгуащэхэм ар я пщэ далъхьэжащ. Аращ Iуэху зэIумыбзхэр къызрикIуари. А псом къыдэкIуэу, сабийхэм къэралым къарит ахъшэм я быныр ирапIыжыф, цIыхубзхэр ирипсэуф, унэ къащэхунымкIэ дэIэпыкъуэгъу, щхьэхуэ зэрызащIын Iэмал хъуащи, унагъуэхэр мэкъутэ.
«Илъэсым и унагъуэ» зэпеуэм пашэ щыхъуа Багъхэ я унагъуэ дахэхэм хуэдэхэрщ лъэпкъым и къэкIуэнур, щIыналъэм и зыужьыныгъэр зэлъытар, къэралыр зыгъэбжьыфIэр. Апхуэдэхэрщ щапхъэ зытрахыр.
Тхыгъэр иридухыжынщ Багъхэ я унагъуэм теухуауэ усакIуэ Бэвокъуэ Оксанэ итха усэмкIэ.
 
Си псэм и хэщIапIэу, си унагъуэ!
Уэр нэхъ лъапIэ сэ къысхуэмыгъуэт!
Дыздытету докIуэр дэ зы лъагъуэ,
Сыт къэмыхъуми, псори дызэкъуэтщ!

ФIыр дыгуфIэу дэ здыдогуэшыфыр,
Iейми дызэгъусэу дыпэщIэтщ,
Насып вагъуэр ди щхьэщыгу щобжьыфIэр,
Ар тхъумэну сыт щыгъуи дыхэтщ!

ДиIэщ зэгурыIуи зыхэщIыкIи,
Ди нэхъыжь и псалъэр тIу дымыщI!
ЩIэблэр адыгагъэм щIыдопIыкIыр,
Гъэсэныгъэм хуедгъэджэн демыш.

ПщIэ, нэмысу ди зэхуакум дэлъыр
Хэхъуэ фIэкI, хэмыщIу сэ къысфIощI.
Си унагъуэ – уэрщ къару схэзылъхьэр,
Уэ ппэIэщIэ сыхъум гур сфIыхощI.

Си псэм и хэщIапIэу, си унагъуэ!
Сэ уи гугъу хуэсщIынут Дуней псом!
Уи фIылъагъуныгъэр гум щогъагъэр,
Гъатхэ мыухыжу хохьэр псэм!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.12.2024 - 09:13

Къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэм я Iуэху дэгъэкIынырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и деж щыIэ Стратегие зыужьы­ныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэм кърикIуам зэреплъыр къигъэлъэгъуащ:

09.12.2024 - 09:12

Адыгэхэм я дунейм щыхагъэгъуазэ

Налшык къалэм и япэ мо­дельнэ библиотекэм щекIуэ­кIащ гъуазджэм, тхыдэм, графикэм, адыгэхэм я дунейм ухэ­зышэ «Печать, тираж, тхы­лъымпIэ, адыгэхэр…» зыфIаща лекцэ.

09.12.2024 - 09:11

Я лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ще­кIуэкIащ я шофёрхэм ведомствэ дамыгъэхэр щрата Iуэху гуапэ. 

09.12.2024 - 09:09

Къэхъундэсхэр зэрыгушхуэ щIалэ хахуэхэр

Къыщалъхуа хэкум хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэурщ цIыху нэсу игъащIэми къалъытэр.

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.