МАЗЭМ КЪИГЪЭЩIАР

Германием и Мюнстер къалэм дэт университетым и къэхутакIуэхэмрэ Кёльн щыIэ Нэмыцэ аэрокосмос центрым уафэщIхэр джынымкIэ и геофизикхэмрэ математикэ щIэныгъэм и IэмалыщIэу къагупсысам иригъуэза иужькIэ, ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэ Мазэм и ныбжьыр алъандэрэ къызэралъытэу щытам нэхърэ илъэс мелуан 85-кIэ нэхъ мащIэу къыщIрагъэдзыжащ. Абы теухуа тхыгъэ къыщыхьащ Science Advances журналым. 
АтIэми, зи гугъу тщIы IэщIагъэлIхэм зэхъуэкIыныгъэ гуэри халъхьакъым Мазэм и къэунэхукIэ хъуам зэреплъу щытам. Нэхъапэхэми хуэдэу, мы зэманми щIэныгъэлIхэр зэрегупсысыр аращи, ди планетэм ещхьу, абы къыдэгъуэгурыкIуэ уафэщIри ткIуаткIуэ щытыкIэм икIыу, жыпхъэ быдэ иIэу щызэпцIар илъэс меларди 4,5I-кIэ узэIэбэкIыжмэщ, къыщыунэхуари а лъэхъэнэ жыжьэхэм къыпэгъунэгъурэ хуабжьагъэшхуэ зэрихьэу хьэршым къыщызылъэтыхьа Тейя уафэщIыр ЩIы Хъурейм узижагъуэну къыщыжьэхэуа иужькIэщ. 
КъэхъукъащIэ шынагъуэм а планетэхэм, ткIуаткIуэ щытыкIэм итрэ къыщызэщIэплъауэ (магмэ), къагуигъэхуа къутахуэ абрагъуэхэм уэгум зыщызэрашэлIэжри, нобэм къэсыхукIэ ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэу дызыщыгъуазэ ди Мазэр къагъэщIащ. И ныбжьыр щIэрыщIэу къыщапщытэжым, щIэныгъэлIхэм къахуэщхьэпащ магмэр ткIуаткIуэ щытыкIэм къикIыу щызэпцIыжкIэ, и кIуэцIым къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм я хуабжьагъэр зыхуэдизыр нэхъ гурыIуэгъуэ къащызыщI математикэм и IэмалыщIэу компьютер технологиехэм тещIыхьахэр.  
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.