ХЬЭТIАЛЭ

Хъыбар

Ди хьэблэм дэсащ гъукIэ Iэзэ гуэр, ХьэтIалэкIэ еджэу. «ГъущIым псэ къыпигъакIэм хуэдэщ» хужаIэу Iэзэт ар. Колхоз гъукIэу арати, имыщI щыIэтэкъым, гуи, пхъэIэщи, къитхъи, адрей бел, хьэмфIанэ жыхуаIэхэм я гугъу умыщIыххэ. Япэу къуажэм урыс шыгу щызыщIар арат. ЗытрищIыкIар Бахъсэн къалэ щилъэгъуа «урыс бричкэ» жыхуаIэрат.
Зы махуэ гуэрым ХьэтIалэ лъащэу кIыщым щIэту, бригадирыр щIохьэри и фIэщу йопщI:
- Уа, ХьэтIалэ, мафIэгу къежьауэ жаIэри, пхуэмыщIыну пIэрэ? – жеIэри.
- МафIэгу жыпIа? – ХьэтIалэ фIэгъэщIэгъуэну, лэжьыгъэр зэпегъэури, бригадирым къоплъ:
- Ар мафIэкIэ зекIуэу арагъэнщ, пэшхьэку тету.
- Аращ-тIэ, щымафIэгукIэ. Апхуэдэ зы диIамэ, дыунат. Шыи выи хэмыту дывэнт, дысэнт.
- Уэлэхьи, ар телъыджэм. Дэнэ апхуэдэ щыплъэгъуар?
- КъалэкIыхьым дэту жаIэ, къижыхьу.
- КIуауэ еплъын хуейщ, - жеIэ ХьэтIалэ.
- КIуэ-тIэ, сэ шы уэстынщ.
Арати, нэхущым шууэ йожьэ ХьэтIалэ, КъалэкIыхьым кIуэну. Къулъшыкъухэм деж ар станцым нос. Плъэмэ, елъагъу Iугъуэ фIыцIэ щхьэщыту, фийуэ къытелъадэ мафIэгур.
- Алоуэхь, мыр сыту ин, сыту кIыхь, - игъэщIагъуэу йоплъри щытщ абы ХьэтIалэ, шым къемыпсыхыу. - Уэлэхьи, уи адэр къэпшамэ, пхуэмыщIын, ХьэтIалэ ар уэ, - зыжреIэжри, къожьэж. 
Колхоз пщIантIэм къыщыдыхьэжым, бригадирыр къыпожьэ, шым ирегъэпсыхри къоупщI: 
- ПхуэщIыну укъигъэгугъэрэ? - жеIэри. 
ХьэтIалэ хуейтэкъым и зэфIэкIыр игъэлъэхъшэнуи. 
- Уэлэхьи, гъущI куэдыIуэ ихьынущ ахъумэ, зыгуэр есщIэнтэмэ, - жеIэри и кIыщым щIохьэж.

 

Шыгъушэ Алий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.