УСЫГЪЭ ЩАБЭР ЗИ IЭРЫКI

Дзэлыкъуэ щlыналъэр дахагъэкlэ къулейщ. Бгыжь-къуршыжьхэр зи хъумакlуэ къуажэхэм я жьэгухэр зэрыберычэтым нэмыщI, абыхэм зыми емыщхь цlыхухэр къыщотэджыкl. Апхуэдэу зыми емыщхь, езым и дуней зиlэж Гугъуэт Заремэ усыгъэм дихьэх куэдым яцlыху.

Каменномост къуажэм къыщалъхуа, усакlуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Заремэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ. Абы КъБКъУ-м и филологие факультетым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. Урысыбзэр фIы дыдэу илъагъуми, ар и анэбзэм хуолажьэ, и Iэдакъэ къыщIэкI тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ егъэпс. И ныбжькIэ щIалэ дыдэми, унагъуэ дахэу псэу усакIуэм и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдигъэкIыфащ, къищынэмыщIауэ, Заремэ и тхыгъэхэр республикэм къыщыдэкIа сборник зыбжанэми ихуащ.

Абы и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм, журналхэм зэпыу имыIэу къытохуэ, дунейпсо интернетым гугъу лъэпкъ уемыхьу къыщыбогъуэт. Зи усэхэм къеджэ, зи гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэ Гугъуэтым теухуа нэтын зыбжанэ сеплъыгъащ. Нало Заур, Хьэх Сэфарбий, Бещтокъуэ Хьэбас сымэ я тхыгъэхэр зигу ирихь цIыхубзыр зэи хущIэкъуакъым абыхэм «япэувыну», зыми зэремыщхьын гукъыдэжыр и гуращэщ абы. Заремэ и усэхэр «щабэу» щытщ, апхуэдэу жыпIэ хъунумэ. Абыхэм цIыхухэм гуапагъэ, гуфIэгъуэ къыдат. Сыт хуэдэ мыхъумыщIэ гъащIэм щыземыкIуами, цIыхухэм Iей ямылэжьами, абы илъагъур дахагъэщ, арагъэнущ усакIуэм и тхыгъэхэри «щабафэ» щIэхъур, гум щIыдыхьэр. Зы лъэныкъуэкIи ар апхуэдэу щIэтхэр гурыIуэгъуэщ -цIыхубзыр «къыгуэудауэ» дауэ тхэфын? Ауэ дахагъэ, гуапагъэ, гущIэгъу хьэлу зимыIэр фIым тетхыхьыфын? Мыр етIуанэ лъэныкъуэщ.

Заремэ и усэхэр лъагъуныгъэ къабзэм хуэунэтIащ. А лъагъуныгъэр абы гуэгъу яхуещIыф хэкум, дуней къэзыухъуреихьым, цIыхухэм. ЦIыхуитIым яку къыдэхъуэ гухэлъыр къыщиIуатэкIэ, моуэ-щэ, узэщIиIэтэу, гулъытэ ин яхуэпщIу тхащ ахэр. Къытезгъэзэжу щыщIэзджыкIкIэ, абыхэм сахуосакъ, сыту жыпIэмэ ахэр «сфIэмахэщ». Зэрытха, зэрыгъэпса, къыщиIуатэ гупсысэкIэ махэу аракъым, атIэ абы и усыгъэр спэгъунэгъущ, гухэлъ дахэкIэ гъэнщIауэ щытщи аращ. Куэд стхыфынущ Гугъуэтым и усыгъэм теухуауэ. Си гугъэщ шэщIауэ абыхэм сатетхыхьыну, зэпкърысхыну. Сыхуейщ Заремэ и псэр зэрыдахэм, зэрымахэм хуэдэу гъащIэм куэдрэ щыхэпсэухьыну!

 

МАХУЭЛI Беслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI