КъызэрымыкIуэу зэщIэлыдэу

Астрономхэм иджыблагъэ япэ дыдэу къалъэгъуащ «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.

 

Къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэр, ди планетэм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу къыщалъытэ телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, зы зэманым къриубыдэу зэуэ щыхьэт зэдытехъуащ, зэрыщытыпхъэм теорие и лъэныкъуэкIэ щыгъуазэ зыхуащIа пэтми, абы ипэкIэ зэи ямылъэгъуа къэхъукъащIэ телъыджэр зэрекIуэкIым – мащэ кIыфIым (гъуэдыдж кIэуфIыцIым) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэр щызэщикъузэкIэ, иужьрейм, къигъэщIам кIэ зэригъуэтар «зыхищIа» фIэкIа умыщIэну, «гужьеигъуэ» иныр къылъэIэсауэ бзий гуэрэнышхуэхэр нурыбэу къызэрызыхиутIыпщыкIым.

Астрофизикэ щIэныгъэм зэрыщыгъэбелджылащи, мащэ кIыфIым зэрызыщIишэ и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих къару шынагъуэрщ гъунэгъу зыхуэзыщI псори зэзылъэфалIэр, абы къыхэкIыуи зэпкърызытхъыр. Мы зи гугъу тщIы вагъуэми къыщыщIар аращ.

Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэу VLT (Very Large Telescope), NTT (New Technology Telescope) зи фIэщыгъэхэмкIэ мазэ бжыгъэм къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIиша вагъуэм и кIуэдыжыкIэм кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха уафэщI зэщIэлыдэр и инагъкIи, и гуащIагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнт.

Ауэ щыхъукIи, оптикэ, рентген, ультрафиолет, радио диапазонхэмкIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуэу, астрономхэр иджыщ япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар, мащэ кIыфIым, и къару абрагъуэр къигъэсэбэпу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм къызэрымыкIуэу нур зэщIэлыдэ иныщэ, зэман кIыхьым къриубыдэу, къазэрыпхивым. ИкIи, вагъуэ жыжьэм и кIуэдыжыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы «нэрылъагъуу» фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.

Уеблэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэр здэщыIэ щIыпIэм илъэс мелуан 215-кIэ пэжыжьэ (нэхум зэрызидзым тригъэкIуадэ зэманым тещIыхьауэ) Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам», астрономхэм AT20I9qiz нагъыщэр зратам, далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжыжьэ галактикэхэм якухэм зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI адрей уафэщIхэм я зэпкърытхъыкIэр зыхуэдэмрэ зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.