Кавказ макъамэхэр щоIу

Налшык и Театр щхъуантIэм шыщ­хьэуIум и ­25-м япэу къыщызэIуахащ KAVKAZ MUSIC FEST щэнхабзэ зэхы­хьэшхуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.

 

- Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу кавказ ­макъамэ фестивалыр къыщызэзыгъэпэщахэм, ар зыгъэдахэхэмрэ и хьэщIэхэмрэ фIэхъус гуапэ фызох! ДэркIэ пщIэшхуэщ икIи ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ щэнхабзэ проект иныр ди щIыналъэм япэу зэрыщрагъэжьар. Къэралыгъуэм и махуэмрэ республикэм и юбилеймрэ ирихьэлIэу фестивалыр зэрызэхашам зэхыхьэм и пщIэр нэхъри егъэин, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, зэхыхьэр къыщы­зэIуихым. - Мыпхуэдэ пшыхь гуапэхэр IэмалыфIщ артист цIэрыIуэхэр нэхъ­ри зэкъуэувэнымкIэ, хьэщIэхэр зэрыцIыхунымкIэ, зэп­сэлъэнымкIэ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэ­хъуэжэнымкIэ. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ рес­публикэхэм щыщхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм къы­пызыщэщ мы щэнхабзэ зэхы­хьэшхуэр.

Фестивалым и программэм хыхьэу къы­зэрагъэпэща «Звёзды 100-летия» махуэшхуэ концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ Руссо Авраам, Къэзан Сэтэней, Варварэ, Клявер Денис, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артистхэм, Оманым къикIа хьэщIэ Рафи Мухьэмэд, Кавказ Ищхъэрэмрэ Белоруссиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм я къэфакIуэ ансамблхэм, нэгъуэщIхэми.

- Артист цIэрыIуэхэр зыхэта концертхэу мыбы ипэкIэ ирагъэкIуэкIахэм щызэхуэсащ цIыху мелуанитIым щIигъу. Мы фестивалыр Налшык япэу щекIуэкIыу аращ. Псом хуэмыдэу япэ махуэр щIэщыгъуэу, щхъуэ­кIэплъыкIэу, гукъинэжу къы­зэрагъэпэщащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэхэми респуб­ликэм исхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ артистхэм ап­хуэдэ дыдэу я нэгу зэрызрагъэужьынум шэч къытетхьэркъым, - жиIащ проектым и генеральнэ продюсер Хьэцей Тимур.

Фестивалым и етIуанэ махуэр къафэм ­хухахынущ. Абы хыхьэу къызэрагъэпэщыну «Ритмы Кавказа» концертым зыкъыщагъэлъэгъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэ­рэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я къэрал къэфакIуэ ансамбль цIэ­рыIуэхэм. Апхуэдэхэщ «Кабардинка», «Балкария», «Налмэс», «Ислъэмей», «Эльбрус» ансамблхэр.

Фестивалым утыку къыщрахьэнущ лъэп­къ­­хэм я щэн­хабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIы­гъуэ­хэр, макъамэмрэ къафэмрэ щаIэ зэ­фIэкI­хэр,  Iэп­щIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ­хэр, ­театр, сурэтыщI гъуазджэ, кинематографие, телевиденэ, радио, макъамэ, тхылъ тедзапIэ, компьютер джэгу, архитектурэ, дизайн, модэ, рекламэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм зи лэжьыгъэр пыщIа, зи ныбжьыр илъэс 35-м нэс щIалэгъуалэм папщIэ конференц къы­зэрагъэпэщынущ.

Щэнхабзэ зэхуэсышхуэр нобэ шыщхьэуIум и 27-м, зэхуащIыжынущ, ауэ фестивалыр гъэ къэс ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.