ЩIалэгъуалэр егъэгушхуэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ къызэрагъэпэща автомобиль зекIуэм хэтахэм я жэрдэмыр игъэдэхащ, ар зи гукъэкIхэр игъэгушхуащ, езыри яхэтащ. ЩIалэгъуалэр автомобилхэмкIэ Тырныауз къалэм деж щежьэрти, Джаурген щхьэдэхыпIэмрэ Щауэкъан бгы тхыцIэмрэ кIуэцIрыкIыу Таучэшхэ я псынэм (Джылы-Су) хуэкIуэрт. АвтозекIуэр зэрекIуэкIам и хъыбарыр КIуэкIуэ Казбек и Телеграмым щыжиIащ: «АвтозекIуэм хэтащ ди щIалэгъуалэм ящыщу мыпхуэдэ жэрдэмхэм жану хэлажьэхэр, «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» егъэджэныгъэ проектым и волонтёрхэр, Урысейм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къикIа ныбжьыщIэхэр. Жэрдэмыр къыхэзылъхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэрщ». КIуэкIуэ Казбек къызэрыхигъэщамкIэ, автозекIуэм купщIэ хуэхъуащ ди щIыналъэм щыщу зауэ операцэ хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэ ди щIалэхэр гъэгушхуэныр. «Урысей щIалэгъуалэ» къулыкъущIапIэм къыхилъхьауэ щыта зэхьэзэхуэм щытекIуа гупым Таучэшхэ я псынэм деж автомобиль зекIуэм хэтхэм папщIэ «Этно-шэтыр» зыфIаща къэувыIэпIэ щыхуащIащ. КъБР-м и Iэтащхьэм абдеж щIалэгъуалэм псалъэмакъ щхьэпэ щадригъэкIуэкIащ, ахэр Iуэху дахэхэмкIэ жэрдэмщIакIуэу зэрыщытыр зэригуапэри къыхигъэщащ. «Сыт хуэдэ дин зепхьэми, сыт хуэдэ лъэпкъ укъыхэкIами, нэхъыщхьэр - узэрыцIыхур - зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. ЦIыхугъэм гъунэгъу узэхуещI, гупсысэ щхьэпэхэм ухуешэ, хъуэпсапIэ лъагэхэм ухуеIэу, ахэр зэрызэбгъэхъулIэным ухущIэкъуу уещI. ЦIыхугъэ зиIэр цIыху щыщIэркъым, ныбжьэгъу пэжхэр и куэдщ», - яжриIащ щIалэгъуалэм
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|