Къэрал ныпхэр щаIэтынущ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ дэт, Науржан Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ Гимназие №1-р зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкIыр зригъэщIэну иджыблагъэ щы-Iащ.
Курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэр 1961 гъэм яухуауэ щытащ. Мы зэманым абы сабий 700-м щIигъу щоджэ. Зэгъэпэщыжын хуей Iуэхугъуэхэм къызэщIаубыдэ еджапIэм и унащхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэхъуэкIыныр, пэшхэм я лъэгур къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, санитар-техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, унэ кIуэцI блынхэр зехьэныр. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ зэрахьэ икIи къагъэщIэрэщIэж еджапIэм и IуплъапIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр зэфIэкIащ - унащхьэр тралъхьащ, бжэ-щхьэгъубжэхэр халъхьащ. КъБР-м и Iэтащхьэр апхуэдэу щыIащ къалэр гъэдэхэным икIи зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ ухуэныгъэхэр щекIуэкI щIыпIэхэм. Апхуэдэу КIуэкIуэ Казбек щыIащ Къуэныкъуей Назир и цIэр зезыхьэ уэрамым деж щагъэтIыса жыг хадэ мащIэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым еплъыну. Мы зэманым абдеж лъэс лъагъуэхэр тралъхьащ, уэздыгъэ пкъохэр щагъэуващ, сабийхэр щыджэгу, я нэгур зыщрагъэужь хъуну зыгъэпсэхупIэхэри щащIащ. УдзыпцIэхэм IэкIэ зэрагъакIуэ псыщIэгъэлъадэхэр хуащIащ. Бжьыхьэ пщIондэ жыг хадэ мащIэм иджыри жыгыщIэхэр щагъэтIысыну я мурадщ. Абхъаз утми ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. УнафэщIхэм къыхалъхьа проектым ипкъ иткIэ, Абхъаз утымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ ягъэтIысыну жыг хадэмрэ зы архитектурэ жыпхъэ яIэнущ. ЩIыпIэм зэрызрагъэукъуэдиям и мызакъуэу, мыбдеж зекIуапIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ и кIыхьагъкIэ пхашынущ, тетIысхьэпIэхэр трагъэувэнущ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ ут щхъуантIэхэр щащIынущ. «Апхуэдэ дыдэу, - щетх и Телеграмым КIуэкIуэ Казбек, - ЗэгурыIуэныгъэм и утри зэдгъэпэщыну ди гугъэщ. IэщIагъэлIхэр иужь ихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я къэрал ныпхэр зытетыну шыкуэтэнхэм я гъэувыным. Ныпхэр шыщхьэуIум и 22-м - Урысейм и къэрал ныпым и махуэм - яIэтыну траухуащ. Шыкуэтэнхэм я лъагагъыр метр 35-рэ хъунущ, ныпхэр къызыхэщIыкIа щэкIхэм я инагъри метри 7 x 10,5-рэ хъунущ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|