Щэнхабзэм и зыужьыныгъэНалшык и «Искож» хьэблэм ухуэныгъэ гъэщIэгъуэн и кIэм щынагъэс. Щэнхабзэ зыужьыныгъэм и IуэхущIапIэр лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ящI. Метр зэбгъузэнатIэу миниплIым щIигъу зи инагъ ухуэныгъэр архитектурэ и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ - абы удз гъэгъам и теплъэ иIэщ.
Унэр зищIысыр тратхакIэщ абы. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и бжэхэр абы екIуэлIэнухэм папщIэ мыгувэу къызэIуахынущ. Къызэрыхэдгъэщащи, удз гъэгъа теплъэ зиIэ ухуэныгъэр дахэ дыдэщ. ЕтIуанэ къатым удэкIуея иужь, пщIантIэ зэIуха цIыкIум укъыщохутэ. Пэш щхьэхуэхэр и хъуреягъ-кIэ къегъэувэкIащ, пэшым и кум уитмэ ихъуреягъкIэ къыщыхъум укIэлъоплъыф. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щылэжьэнущ къафэмрэ гимнастикэмрэ щыхуагъэсэну пэшышхуэ. Iэмэпсымэхэр, щыгъынхэр щахъуми хэтщ абы. Утыку кърахьэ Iуэхухэр щагъэлъагъуэ пэшым цIыху 200-м нэс щIохуэ. Иджыпсту IэщIагъэлIхэм сценэр зыхуей хуагъазэ. Мы махуэхэм иджыри къашэнущ ар къэзыгъэнэху IэмэпсымэщIэхэр. Мыбы гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ, творческэ студиехэмрэ лъэщапIэхэмрэ щылэжьэнущ, лекцэ къыщеджэ пэшхэр хэтынущ. «Искож»-р Налшык и хьэблэ нэхъ цIыху куэд зыдэсхэм ящыщ зыщ. Абы илъэс Iэджэ хъуауэ ЩэнхабзэмкIэ уни кинотеатри зэрыдэмытыр къэплъытэмэ, мы IуэхущIапIэр къыщызэIуахынум цIыхухэр зэрыпэплъэр шэч къызытумыхьэнщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|