ПХЪЭЩХЬЭМЫЩХЬЭР КЪЕХЬЭЛIЭЖЫНЫМКIЭ ПЭРЫТХЭР

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ къехьэлIэжыным республикэм зэрыщыщIадзам теухуа тхыгъэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек телеграм-каналым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым мэракIуащхъуэр (голубикэр) къе­хьэ­лIэжын щыщIадзащ. А къэкIыгъэр зехьэным республикэм и мэкъумэшыщIэхэм зэрыщIадзэрэ куэд дэмыкIами, ерыскъы­хэкIхэм я урысей рынокым абы щиIэ щIэупщIэм псынщIэу хохъуэ. Иджы ар Шэджэм, Аруан районхэм зыубгъуауэ щагъэкI икIи хозяйствэ зэмылIэужьыгъуэхэм хасауэ щыта гектари 125-рэ хуэдизым нэгъабэ лъандэрэ аргуэру гектар 20 къахэхъуащ», - къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и унафэщIым.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэхэмрэ къехьэлIэжынымкIэ иджыпсту къэралым щыпашэ щIыналъищым ящыщщ.
Мы зэманым республикэм зыубгъуауэ къыщыпачыж мамкъу­тыр, хурэджэр, санэ, шэфталыр, пхъэгулъ зэмылIэужьыгъуэхэр. Балиймрэ балийIэрысэмрэ къыпычыжыныр къэблэгъащ, мэра­кIуэIэрысэри мы гъэм бэгъуащ. Псори зэхэту мэкъумэш организацэхэм, фермерхэм, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм мы гъэм кърахьэлIэжа пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ тонн минни 4,8-м ноблагъэ икIи ар нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ зыкъомкIэ нэхъыбэщ.
МэкъумэшыщIэхэм хадэхэкIхэри щIадзауэ кърахьэлIэж. Республикэм и консерв заводхэм горох щхъуантIэр, нащэр ирашалIэ, мыгувэу помидорхэри къыщIачыжу щIадзэнущ.
Прохладнэ районым и мэкъумэш предприятэхэм бжьыхьэсэ къэкIыгъэхэр Iухыжын ирагъэжьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщ нэ­гъабэ псори зэхэту гъавэу тонн мелуан 1,3-м нэблагъэ республикэм къызэрыщрахьэлIэжар,зэи къэмыхъуауэ, нартыху тонн мелуа­ным щIигъу къызэрыдачар. «Мы гъэми ди гъавэр бэву щытыну дыщогугъ», - къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъэм и Iэтащхьэм и тхыгъэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг