ЩIЫНАЛЪЭМ И ЗЭХЭЛЪЫКIЭР КЪЭЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭ ПСАЛЪЭХЭР

Аранэ - къуршым и нэхъ лъагапIэ дыдэ, бгы лъагэм и щыгу.
Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, кууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий, «Бгырысхэр»).
БгыщIэ - бгы лъапэ.
БгъуэщI - бгы нэкIум и щIэдзапIэ Iыхьэу мэз, хъупIэ сытхэр нэхъ зыхуэзэр.
Губгъуэшэкъракъ - зыри щымыпсэу, къэкIыгъэ щIагъуи къыщымыкI губгъуэ нэщI.
ГузэпыщIэ - IуащхьитI зэхуакур зэпызыщIэ, уанэгум ещхь щIы Iыхьэм, щыгу зиIэ щIыпIэ хэIэтыкIа зэпэгъунэгъуитIым я зэпылъыпIэм апхуэдэу йоджэ. «Игужь ипщэм къежэха шумрэ игужь ищхъэрэм къежэха мыщэмрэ гузэпыщIэм щызэIущIащ».(IуэрыIуатэ.)
Гъуэдыдж - гъуэ, бгъэнщIагъ куу. «Чей лъабжьэм и щIэм зы гъуэдыдж гуэр иIэт, унэмыплъысу». IуэрыIуатэ. «Ар зы махуэ гуэр зекIуэ къикIыжу къуршымкIэ къыщыщхьэдэхыжым, зы гъуэдыдж гуэр IущIащ». (Ад. Iу.)
Гъуэжлау - гъуащхьэ куэд зиIэ щIыпIэ. «Iуащхьэ лъапэм ущымыжей, гъуэжлау Iуфэхэм убгъэдэмыхьэ». («Iуащхьэмахуэ» журнал).
Гъуэфылъэ - Псыжь, Инжыдж псыхъуэхэм дэс адыгэхэм я деж уэх мыхьэнэ щызиIэу щызекIуэ псалъэщ. «Шыхъуэм шы гуартэр IуащхьэжьитIым яблихури гъуэфылъэм ириутIыпщхьащ». (IуэрыIуатэ).
ДамэщI - мыри къэбэрдей хьэжрэтхэмрэ беслъэнейхэмрэ я деж щызекIуэ псалъэщ / бгы, лъагапIэ сыт хуэдэхэм яIэу узрихьэлIэ дапхъэ, занщIапIэ. «Мэкъу дыгъэл Iэтэшхуэхэр джабэ дамэщI цIыкIухэм къоувэ». («ЛъэбакъуэщIэхэр»).
ДэкIыней - узыдэкIыну гугъу. «Адрей бжьэпэхэр задэщ, дэкIынейщи, уи щхьэр ерагъыу пхудэх къудейщ». («Iуащхьэмахуэ» журнал).
Жьанэ - къырылъэ тIуащIэм и бгъуитIыр щызэхуэкIуэ зэвыпIэ, языныкъуэхэм дежи къуэладжэр щызэхуэкIуэж, щиух щIыпIэ кърагъэкI. «Дэ ды къущхьэт, къущхьэ жьанэм дыщалъхуат, Дэ дыкъэзылъхугъэри дыщэкI унагъуэти, ар мэунэ». (IуэрыIуатэ).
 

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.