КЪЭРАЛЫМ И RУБОКЫМ ЩIЭБЭНЫНУЩ

Мы махуэхэм Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ цIыхухъухэм я урысейпсо чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Псори зэхэту саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 73-м щыщ спортсмени 176-рэ.  Абы ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и атлетхэри.

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и адаптивнэ школым и тренер Гугъуэт СулътIан Урысей Федерацэм и чемпионатым и дыжьын медалыр къыщихьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 72-м нэблагъэхэм я зэпеуэм ди лъэпкъэгъум килограмми 160-рэ къыщиIэтащ.

Гугъуэт СулътIан къэралым и командэ къыхэхам хэтщ. Иджырей зэхьэзэхуэхэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэм и фIыгъэкIэ абы Iэмал къыхукъуэкIащ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэпеуэм утыку къыщихьэну. Ди къэралым къращIылIа текъузэныгъэхэм къыхэкIыу а зэпеуэр и мыхьэнэкIэ дунейпсо чемпионатым хуагъэдэнущ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI