СПОРТЫМ И МАСТЕРЫМ И МАРДЭХЭР ЯГЪЭЗАЩIЭ

Витязевэ къалэм дэт узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Витязь» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. «Лоу-кик» лIэужьыгъуэмкIэ зэхэта зэпэщIэтыныгъэхэм къекIуэлIащ ди къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 1300-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым кикбоксингымкIэ и школым и гъэсэнхэм Витязевэ медаль зэмылIэужьыгъуи 7 щызыIэрагъэхьащ.

Урысей Федерацэм и чемпионатым зыхэта гупхэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ КIурашэ Регинэрэ (кг 52-рэ) Шэру Еленэрэ (кг 70-м щIигъу).

НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ ГъущIо Марат (кг 42-рэ), ХьэпцIэ Алан (кг 48-рэ), Гъубж Рустам (кг 51-рэ), Къардэн Дамир (кг 60) сымэ.

Зи хьэлъагъыр килограмм 48-м нэблагъэхэм я зэпэщIэтыныгъэм хъыджэбз цIыкIухэм я деж ещанэ щыхъуащ Абдурэхьмэн Дианэ.

Урысейпсо чемпионатымрэ зэхьэзэхуэмрэ къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм япкъ иткIэ КIурашэ Регинэрэ Гъубж Рустамрэ спортым и мастерым и мардэхэр ягъэзэщIа хъуащ.

Спортсменхэр зэхьэзэхуэхэм хуагъэхьэзыращ Сасыкъ Анзор, Куэшмэн Рустам, Къудейхэ Алимрэ Залымрэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым кикбоксингымкIэ и федерацэм и президент, WAKO лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо категорие зиIэ судья Къудей Алим зэхьэзэхуэхэм я судья нэхъыфIу къалъытащ.

МЭЗКУУ Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ