IЭМАЛЫЩIЭХЭР КЪАГЪЭСЭБЭП

Республикэ клиникэ сымаджэщым микрохирургием и Iэмалхэр къагъэсэбэпу нэм щеIэзэ и къудамэм иджырей мардэхэм тету къыдагъэкIа «Центурион» IэмэпсымэщIэр къащэхуащ.

- ФIагъ лъагэ зиIэ аппаратым катарактэ узыфэр гъэхъужынымкIэ яIэ Iэмалхэм къыхигъэхъуэнущ икIи а IуэхумкIэ республикэр пэрытхэм ящыщ хъунущ. Зэманышхуэ темыкIуадэу, хирургие и лъэныкъуэкIэ нэм зэреIусэ щымыIэу операцэ зэращI Iэмыпсымэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр мыбы и закъуэщ. Нэхъыщхьэращи, абы иужькIэ сымаджэм и узыншагъэр псынщIэу зэтоувэж, - жиIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Тарим Алисэ.

Аппаратым сом 6567765-рэ и уасэщ, ар медицинэ IуэхущIапIэм и мылъкукIэ къащэхуащ.

2022 гъэм и япэ мазищым Республикэ клиникэ сымаджэщым микрохирургием и Iэмалхэр къагъэсэбэпу нэм щеIэзэ и къудамэм операцэ 90 щрагъэкIуэкIащ. ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ полисыр къэбгъэсэбэпу нэхэм пщIэншэу ебгъэIэзэфынущ.

 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.