Нарткъалэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ къалэм гъуазджэхэмкIэ и «Лэгъупыкъу» сабий школым лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Дыгъэшыр» ансамблыр илъэсипщI зэрырикъуам траухуа пшыхь гукъинэжыр.
Абы ирагъэблэгъащ Аруан районым-рэ Нарткъалэрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэхэм ящыщхэр, творческэ гупхэм я художественнэ унафэщIхэр. Нэхъ пыухыкIауэ къитIуэнщ Бейтыгъуэн Iэуес, Атэбий Игорь, Дау Марьянэ, Къэнэмэт Замир сымэ я цIэхэр.
Иужьрей илъэсипщIым «Дыгъэшыр» сабий ансамблым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIхэр щынэрылъагъут гупым и къэфакIуэхэм ята концерт щIэщыгъуэм. Абыхэм пшыхьым щагъэлъэгъуащ лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэу 20-м щIигъу.
- «Дыгъэшыр» ансамблыр къызэзыгъэпэща икIи илъэсипщI хъуауэ абы и художественнэ унафэщI ХьэхъупащIэ Зауррэ и гъэсэнхэмрэ я зэфIэкIхэм дрогушхуэ, - жиIащ «Лэгъупыкъу» школым и унафэщI Къардэн Равидэ. - Ди сабийхэм я ехъулIэныгъэхэм кIуэ пэтми зэрыхагъахъуэр, я Iэзагъэм зэрызрагъэужьыр гуапэщ. Аращ ахэр куэдрэ республикэпсо, урысейпсо зэпеуэхэмрэ фести-валхэмрэ къыщIыхэжаныкIри. Заур и гъэсэнхэм я гъусэу гум дыхьэ къафэу игъэувар кIэншэщ! Дапщэщи цIыкIухэм я зэфIэкIыр догъэщIагъуэ икIи ди фIэщ мэхъу къафэ гъуазджэр къэкIуэну щIэблэм я деж нэзыхьэсынухэм ахэр зэращыщыр.
Аруан районым и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэми я ныбжьэгъухэм я гуфIэгъуэр даIэтащ. Бысым цIыкIухэр хьэщIэхэм егуэпащ удз гъэгъахэмкIэ, саугъэтхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмкIэ.
Тхыгъэри сурэтри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.