МЭЛЫЖЬЫХЬ

Апрелыр «априкус» латин псалъэм къытекIащ - «дыгъэм къыщигъэхуабэ» жиIэу арат. А мазэм Римым гъатхэр къыщихьэрт. Илъэсым и еплIанэ мазэм адыгэхэр мэлыжьыхькIэ йоджэ. Аращ иужькIэ къызытекIари мы псалъэжьыр: «Апрелыр мэлыжьыхьщ» / «апрель - могильщик старых овец». Абы къищынэмыщIауэ, жиIам трамыгъуэтэж цIыхум щхьэкIэ «Мэлыжьыхь мазэу зызэрехъуэкI» хужаIэ. 
Хуэбгъэфащэ хъунущ, мы мазэм мэлыжьыхь мазэкIэ еджэу япэ къыщIэзыдзар Iэщыхъуэхэр арауэ. А Iэщыхъуэ дыдэхэр апрелым нэгъуэщIу еджэу щытащ - мэллъхуэгъуэ мазэ. Сирием, Тыркум щыпсэу адыгэхэми а псалъэращ къагъэсэбэпыр. А мазэ дыдэм щхьэкIэ, ди нэхъыжьхэм языхэзхэм жаIэу урохьэлIэ - хакIуэ утIыпщыгъуэ. Ауэ нэхъыбэр апхуэдэу зэджэу щытар гъатхэкIэ «май» мазэращ. Абыхэм къыщхьэщыкIыу, Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм къыщихьыр нэгъуэщI псалъэщ - гъатхэкумазэ. Мы мазэм удзыпэ къэхъеигъуэкIи еджэрт. Мы пIалъэм жьы дыдж къепщэу ялъытэрт. Абы щхьэкIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм бащкIэ еуэрт: «Ди тхьэ, пкъырыгъэзагъэ», - жаIэурэ. Зэралъытэр арат, апхуэдэу ящIмэ, пхъэщхьэмыщхьэр бэгъуэну. 
Мэлыжьыхь (апрель) мазэм удзыпс зэутх тхьэлъэIури хеубыдэ. Ар къыщыдахыр уэшхыр теужа нэужьщ. Абы щхьэкIэ удзыщIэ къэхъеяхэм щыщ уэшхыпсым хэлъу фалъэкIэ зэхащIэрти, ар кърахьэкIыурэ гуэщ дурэшхэм, гуэнхэм ираутхырт. Япэу уафэ щыгъуагъуэкIэ: «Уафэр гъуагъуэмэ, щхьэж и гуэн йоуэж» жаIэурэ гуэнхэм гъавэр из хъужыну хъуахъуэурэ еуэрт, ерыскъыншэ мыхъуну тхьэм елъэIурт. 
Мэлыжьыхь (мэлы + хьы + жьы) мазэм икухэм ирихьэлIэу, вакIуэдэкI тхьэлъэIур ящIырт (ар иджы апрелымрэ маймрэ щызэблэкIым хуэзэу къыщIэкIынущ). Абы ехьэлIащ мазэцIэ - ВэнгъуэкIэ жыхуаIэри: вэныр щаух, вэгъуэм и кIэм щынэс зэман къызэрыкIыр. Абы и щыхьэтщ «Сэтэнейр къэщхьэлъэмэ, гъунэ йомылъэж» жыхуиIэ псалъэжьри. 
Адыгэхэр вакIуэ щыдэкIыну махуэр гъубжу е бэрэжьейуэ трагъахуэртэкъым. А махуитIыми Iуэху къепхьэжьэну зэрымыщIагъуэр дэтхэнэ зыми ищIэрт. Адрей тхьэлъэIухэм хуэдэу, вакIуэдэкI тхьэлъэIур кIыхьлIыхьтэкъым. Жылэдэсхэр псори гъубгъуэм кIуэрти, тхьэрыкъуэф Iэнэ яухуэрт, махъсымэ фалъэ къаIэтырти, хъуахъуэрт; вагъэ угъурлы яIэну, узыншагъэкIэ вэнсэныр зэщIалъхьэну. Губгъуэм къыдэкIахэм ини цIыкIуи вакIуэ мэжаджэм щыщ зыIуагъахуэрт. Къафэ, джэгу хэттэкъым. Ауэ выгу зэщIэщIахэр, пхъэIэщэхэр, къитхъхэр утыкум ирагъэувэрти, балигъхэм псоми я блыпкъхэр зэрагъэубыдырти, удж хъурей ящIырт. Ар зэрызэфIэкIыу вакIуэ кIуэ цIыхухъухэр Iуэхум еужьэрэкIыу щIадзэрт. 
Абыхэм пщыIэхэр ягъэувын хуейт, пхъэIэщэхэм кIэлъыплъыжыпхъэт, къыкIэлъыкIуэ махуэм техьэулеикI щымыIэу лэжьыгъэм щIадзэн хуэдэу. ВакIуэ дэкIхэм дэтхэнэ зыми и хьэсэр зэщIилъхьакIэ зэфIэкIыртэкъым. Абы я хьэблэ дэс фызабэхэм, зеиншэхэм, къадэIэпыкъун зимыIэ лIыжь-фызыжьхэм я Iыхьэхэри хуавэрти, хуасэжырт. Абыхэм къищынэмыщIа, зи хьэсэ зымыуха пхъэIэщэ закъуэ губгъуэм къранэртэкъым, къыкIэрыхуам и вагъэр псоми зэдаухырт.
 Мис апхуэдэу тхьэлъэIухэр мы мазэм ящIыу щытащ. Мэлыжьыхь мазэм ехьэлIауэ ди бзэм псалъэжь зыбжанэ хэту урохьэлIэ: Апрелым и махуибл мэкъу Iэмбатибл хуэгъэтIылъ, Апрелыр лал шхыгъуэщ, Апрелым и бгъум гуахъуэр пкIэм драдзеиж, Апрелым гуэнибл я лъапэ гъуанэ мэхъу.
 

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

06.05.2024 - 09:25

ГЪУАЗДЖЭМ И ХЭЩIАПIЭ

«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ.

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.