Статьи на кабардинском языке

СПАРТАКИАДЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Дзюдо
Армавир дэт Дзюдомрэ самбэмрэ щыхуагъэхьэзыр олимп центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей щIалэгъуалэм я V гъэмахуэ Спартакиадэр. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 12-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 21-м нэблагъэ спортсмени 125-рэ.

ГЪУЭГУМ И ИЖЬЫРАБГЪУМКIЭ

Лэскэн щIыналъэ
Куэд щIакъым ди тхыгъэхэм ящыщ зым къызэрыщыхэдгъэщрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыдиIэ къурш жьанэхэм я лъабжьэкIэ зыщIэзыубгъуа мэзылъэ жьэгъухэм якIэщIэс къуажэ цIыкIухэм я къэунэхукIэ хъуар зэрытфIэгъэщIэгъуэныр.

«И НАНЭР ХУЭДЗ ЩАГЪЭДЫЩАСЭУ, ПСЫЖЬ ЩАГЪЭНЫСАУЭ БЕСЛЪЭНЕЙ УХУЭЗЭМЭ, АР ХЭТИ ЩРЕЩ, УЗЭРИКЪУЭШЫР ЗЫЩУМЫГЪЭГЪУПЩЭ…»

Беслъэней адыгэбзэм и псалъалъэ цIыкIуу нобэ теддзэм гукъэкIыж мащIэкIэ дыхуэкIуэмэ, тфIэигъуэт. Анкара къалэм дэтщ Лъэпкъхэм я музей гъэщIэгъуэн, Тырку щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъыжь куэдым я щэнхабзэр щагъэлъагъуэу. 2009 гъэрщ абы япэу сыщыщIыхьар.

IЭШРЫI МАХУЭМ И ЛЪАПIАГЪЫР

Къурмэн зэрыдукIрэ мазэ дэкIа иужькIэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ IэшрыI дощI. А махуэм нартыхум е прунжым къыхэщIыкIа хьэнтхъупс ягъавэурэ хьэблэмрэ Iыхьлымрэ къыщрахьэкI. Ар ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ зэпыщIэныгъэмрэ зыгъэбыдэщ икIи умыгъэзащIэкIэ гуэныхь зыпылъкъым. АтIэ, дауэ къежьа IэшрыIыр икIи сыт абы и мыхьэнэр?

ТХЫДЭР МЫВЭ СУРЭТКIЭ ЗЫТХЫЖ

Тыркум щыпсэу адыгэхэм гъуазджэм Iэзагъ къызэрымыкIуэ къыщызыгъэлъагъуэ куэд зэрахэтым дыщыгъуазэ пэтми, я тырку унэцIэм зэрыадыгэр щытфIигъэпщкIу къохъу. Абыхэм язщ мывэм фэеплъ инхэр къыхэзыщIыкI Ачин Нухь.

ПсэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ къащтэ щIыхуэр нэхъыбэ мэхъу

Урысейм экономикэ и лъэны­къуэкIэ нэхъ жыджэру ис цIыху­бэм ятепщIыхьмэ, мин къэс ипотекэ щIыхуэу 27-рэ хуозэ. 2016 гъэм цIыху миным щыщу 10-рат псэупIэ щхьэкIэ щIыхуэ къэзыщтэр.

Ди къуэш республикэхэм

ЛIыщхьэхэр зэхуозэ
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ. Абы къэрал унафэщIым хуиIуэтащ хэгъэгум и социально-экономикэ щытыкIэр зы­хуэдэр.

Нартыхумрэ сэхуранымрэ щыбэвщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ Губгъуэм и махуэр. Абы ирихьэлIэу КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм семинар-зэхыхьэ къызэригъэпэщащ нартыхумрэ сэхуранымрэ зэра­-гъэкI щхьэхуэныгъэхэм ятеухуауэ.

КъБР-м и Iэтащхьэм Парламентым Зэрызыхуигъэзам щыубзыхуахэр гъэзэщIа зэрыхъур зэпкърах

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Парламентым дызэрыт илъэ­сым и накъыгъэм Зэрызыхуигъэзам щыубзыхуахэр гъэзэщIа зэрыхъум щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

Музейм зыплъыхьакIуэхэр и бэщ

2021 гъэм и бадзэуэгъуэм зыплъыхьакIуэхэр куэду ­къе­кIуэлIащ Кфар-Камэ (Израиль) дэт адыгэ музейм. Абы и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьер зэрыжиIэмкIэ, гъэмахуэ мазэр егъэлеяуэ хуабэу щытащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу цIыху ямэщIакъым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке