|
Статьи на кабардинском языке
13 июля, 2021 - 06:36
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхьэмахуэ зэхуаку блэкIам къриубыдэу щызэфIэкIащ бакалаврхэмрэ магистрхэмрэ я къызэрыщIагъэкI щIэныгъэ квалификацэ лэжьыгъэхэр пхыгъэкIыныр, къэрал экзаменхэр тыжыныр. Ди гуапэ зэрыхъущи, мы гъэм университетым къыщIигъэкIа ныбжьыщIэхэм яхэтщ журналист IэщIагъэм хуеджахэри.
13 июля, 2021 - 06:34
Къэзакъхэм язэхуэсым ирохьэлIэ
12 июля, 2021 - 07:06
Путин Владимир еджакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтахэу Артек щызэхуэсахэм видеоконференц мардэм тету яIущIащ.
12 июля, 2021 - 07:05
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ухуэныгъэмрэ инфраструктурэм епха проектхэмкIэ штабым и зэIущIэ.
12 июля, 2021 - 07:03
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэм я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр зэрырагъэфIэкIуэнум. Абы и лъэныкъуэкIэ IэмалыфIу къагъэлъэгъуащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» федеральнэ проектыр.
11 июля, 2021 - 07:22
Дуней псор зэлъэзыгъэщIыса инджылызыбзэр къызэхъулIэ щIалэгъуалэм ящыщщ Дзэгъэл Алёнэ. ПэщIэдзэ классхэм щыщIэсым щегъэжьауэ, абы а бзэр фIыуэ илъэгъуащ икIи ар IэщIагъэу къызэрыхихынум зэи шэч къытрихьакъым.
- Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэбгъэщIэным уи къэухьым зрегъэужь. Сэ сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсу щытащ зэдзэкIакIуэ сыхъуну е туризмэм епхауэ сылэжьэну, - жеIэ Дзэгъэлым.
10 июля, 2021 - 07:12
КIарэ Галинэ Сэрмакъ дэт курыт еджапIэ №1-м биологиер щригъэджу лэжьащ, абы къыщызэригъэпэща «Си щIы хъурейр» гупжьейм щигъасэ ныбжьыщIэхэр дунейм и зэхэлъыкIэм теухуауэ республикэ, район зэпеуэхэм па-шэ щыхъуу къэгъуэгурыкIуащ.
9 июля, 2021 - 06:56
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 6-м иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм теухуа зэIущIэ.
8 июля, 2021 - 07:29
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 6-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэрыпэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.
8 июля, 2021 - 07:28
КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм и Къэрал автоинспекцэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэIущIэ.
Страницы
|