Статьи на кабардинском языке

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Оперативнэ штабым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

Коронавирус узыфэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабыр бадзэуэ­гъуэм и 15-м арэзы техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн узым зы­щы­хъумэным хуэгъэза профилактикэ мардэхэм нэхъ ткIийуэ тетынымрэ вакцинэр Iэмалыншэу зыхалъхьэн хуей цIыхухэм мастэр хаIунымрэ теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм.

ЩIэныгъэлIхэр Лъагъуэнакъэ къыщхьэщож

Урысейм щыщ щIэныгъэлIи 120-м Президент Путин Владимир «Тхыгъэ зэIуха» хуагъэхьащ Адыгэ Республикэм хыхьэ Лъагъуэнакъэ та­фэм щрагъэкIуэкIыну я ­мурад ухуэныгъэхэр и нэIэ щIигъэувэну елъэIуу.

ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа ухуэныгъэ

Дахагъэмрэ къабзагъэмрэ лъэп­къым, цIыхум я щэнхабзэм щыщ зы Iыхьэ инщ. Ар къыдгурыIуэу, дунеймрэ щIыуэпсымрэ пщIэ яхуэт­щIу, цIыху IэрыкIым дыхуэсакъыу дып­сэуныр дэтхэнэми ди къалэнщ.

ЦIыхухэм я узыншагъэм зэрыкIэлъыплъыр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Парламентым «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу щытепсэлъыхьащ онкологие дэIэпыкъуныгъэр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщ Iэмалхэр зэрырагъэфIакIуэм.

Чемпионыр кърагъэблэгъэж

БэнэкIэ хуит
«Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ Германием и Дортмунд къалэм щекIуэкIа бэнэкIэ хуитымкIэ ныбжьыщIэхэм я Европэ зэхьэзэхуэм щытекIуа Къылшыкъуэ Ислъам. Ар ягъэлъэпIэну къызэхуэсат КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и унафэщIхэр, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

Зы зэхьэзэхуэм адрейр къыкIэлъокIуэ

Атлетикэ псынщIэ
Венгрием и Секешвехервар къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Дьюлаи Иштван и фэеплъ лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ лъагэу дэлъеинымкIэ иужьу Доха щызэхэта Дунейпсо чемпионатым и дыжьын медалыр къыщызыхьа Акименкэ Михаил.

Хэкурыдж зекIуэхэр

«Урысейм и щIэинхэр. Iуащхьэмахуэ ихъуреягъкIэ» фIэщыгъэр зиIа хэкурыдж проектым хиубыдэу, мы махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэрагъэпэщащ квадроциклхэмкIэ щIыпIэр къыщызэхажыхьа зекIуэ хьэлэмэт.

ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ

КъБР-м узыншагъэр ­хъу­мэ­нымкIэ и министр Къа­лэбатэ Рустам хэтащ куэдрэ узримыхьэлIэ узы­фэхэр (орфаннэ) зып­къ­рытхэр къэхутэнымрэ ахэр гъэхъужынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-практикэ конференцым.
ЗэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щекIуэкIын хуейуэ щытат, ауэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэм къы­хэкIыу, онлайн жыпхъэм иту къызэрагъэпэщащ.

Уасэ ныкъуэкIэ загъэпсэху

ДЫГЕЙ. Сабийхэм зыщагъэпсэху лагерхэм щIат ахъшэм и процент 50-р Ростуризмэм къаретыж. Республикэм зы мазэ хъуауэ щолажьэ щIыналъэ службэм и операторыр.

КъыкIэрыхуахэм ятыж

КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Бадзэуэгъуэм и 12-м щегъэжьауэ 17 хъуху  республикэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр тынымкIэ дыщIагъуа пIалъэр йокIуэкI.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке