КIЭРЭФ ТАМЕРЛАН ДУНЕЙПСО КУБОКЫР КЪЕХЬ

Баталовэ Риммэ и цIэр зезыхьэу Уфа дэт Спортым зыхуэгъэхьэзырынымкIэ центрым щекIуэкIащ бэнэкIэхэмкIэ XVIII дунейпсо форум. ЛIэужьыгъуэ 15-м щыбэнащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ 40-мрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ щыщ спортсмен 2000-м щIигъу.
Зэпеуэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ КIэрэф Тамерлан. Бгырыпх бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм щригъэкIуэкIа зэIущIиплIми щытекIуэри абы дыщэ медалыр къихьащ.
Иджыпсту Тамерлан Мэзкуу щопсэу икIи спортым щIыхь зиIэ и мастер Репинэ Анастасие и нэIэ щIэту зегъасэ. Илъэс блэкIам ди лъэпкъэгъум игъэзэщIащ Урысей Федерацэм дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерым и мардэр.

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.