КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ еплъащ 2022 - 2024 гъэхэм къриубыдэу яухын папщIэ федеральнэ мылъкум къыхэкIыу сом мелардым щIигъу къызыхуаутIыпща, ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэм ехьэлIа ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым.
«Зэчий къэзыгъэлъагъуэ щIалэгъуалэм къахуэт щымыIэу хуиту зыщаужьын, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр фIыкIэ жрагъэIэн папщIэ, зыхуэныкъуэну псори мыбдежым къазэрыщыхузэдгъэпэщынум иужь дитынущ», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм ухуэныгъэхэм щыкIэлъыплъым.
Проектым ипкъ иткIэ, ТворчествэмкIэ уардэунэм хэтынущ сурэтыщIхэм, киномрэ архитектурэмрэ еп-ха студиехэр, щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр я акъылэгъухэм щахуэзэ, я проектхэм щелэжь хьэщIэщ-уэршэрыпIэхэр. Уардэунэр яузэдыну я мурадщ иджырей IэмэпсымэхэмкIэ. Абы щрагъэкIуэкIынущ гъэлъэгъуэныгъэхэр, щIалэгъуалэ зэIущIэхэр, фестивалхэр, щIэныгъэ конференцхэр, гъуазджэм епха зэхуэсхэр. ЩIалэгъуалэм я уардэунэм иджырей гъуазджэм и музейрэ тхыдэ-хэкупсэхэм папщIэ интерактив музейрэ къыщызэIуахынущ.
КъинэмыщIауэ, уардэунэм щылэжьэнущ Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ, макъамэм хухэха хьэщIэщ зэгъэпэща хуэныкъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармониер, концертхэр ирагъэкIуэкIыну Iэмал яIэн папщIэ. Ар филармоние хьэщIэщхэм хуагъэув мардэм техуэу, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ зэрагъэпэщынущ, макъамэр фIыуэ зэхозыгъэх архитектурэ акустикэм и IэмалыщIэхэри къагъэсэбэпынущ ар щаухуэкIэ.
Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм щIадзэнущ 2022 гъэм и пэм.
«КIыхьлIыхь хъуа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр 2002 гъэм щыщIэдзауэ нэдгъэсыну Iэмал къытхукъуэкIащ Урысейм и Президент Путин Владимиррэ Урысейм и Правительствэмрэ къызэрыддэIэпыкъум и фIыгъэкIэ. Уардэунэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщI, щIалэгъуалэр зэзышалIэ, Налшык зыгъэпсэхупIэр зыгъэщIэращIэ ухуэныгъэхэм яз хъуну дыщогугъ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек ухуакIуэхэм щепсалъэм.
Республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м УхуэныгъэмкIэ и министерствэм унафэ хуищIащ уардэунэр къызэрагъэщхьэпэну щIыкIэм зэрызихъуэжам ипкъ ит-кIэ, проектым зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэну, ар зыхиубыдэну Налшык и Iыхьэм игъуэта теплъэм хэзэгъэн хуэдэу, IуплъапIэм елэжьыну, къинэмыщIауэ, уардэунэм и Iэгъуэблагъэри зыхуей хуэзэныр зэлэжьыпхъэхэм хагъэхьэну.